Хъыджэбз нэгурэшыр дахэкъыхэшщ

• Адыгэбзэм щыщщ

Кхъуэнытх I – нэхъапэхэм псыкъуийхэм щхьэщащIыхьу щыта бжыхь хъурейщ, псы къыщрахкIэ цIыхур имыхуэн хуэдэу мылъагэ-мылъахъшэу хуауэ.

Кхъуэнытх II – мэзыкхъуэр щыкуэд щIыпIэ.

Кхъуэрыжэ – псыкъуийм ирагъэлъадэрэ псыр кърырахыу щытауэ кхъуауэм пыщIауэ пылъ кIапсэ.

Къалэдэс I – щIыпIэ екIуэлIэгъуей, бгылъэхэм, къуэладжэ пхыдзахэм щыIэ псэупIэ.

Къалэдэс II – зи псэупIэхэр щIыпIэ екIуэлIэгъуейхэм, бгылъэ икIи къуэладжэ пхыдзахэм щыIэ цIыхухэми апхуэдэу йоджэ.

Къуажэ кIуакIуэ – имыIуэху зэрихуэу, и унагъуэ Iуэху игъэну хьэблэм хэт цIыхубзым щхьэкIэ жаIэ. Къуажэ кIуакIуэм кърихьэкI хъыбарщ, жаIэу псалъэ щыIэщ.

Къуажэтегуашэ щIын – къуажэ псом я зэхуэдэ дауэдапщэхэм кърихьэлIа хьэщIэхэр унащхьэ-унащхьэкIэ траугуашэу щытащ, арат къуажэтегуашэкIэ зэджэри.

ЛъапсэщIэж – зы щIапIэм имыкIыу зэшхэм ирагъэзагъэ унапIэхэм аращ зэреджэр.

ЛIыхъумэт – лIыгъэ нахуэ зезыхьам хуагъэфащэ гъэфIапщIэ. Щоджэнхьэблэхэм зэрахьэ псалъэщ.

Мажьэхьэ – зи дзэхэр Iузэу зэгуэт мажьэ.

Мазей – мазагъуэ. Щоджэнхьэблэхэм я бзэм щыщщ.

Матэду – яхьэжыну ягъэхьэзыра нартыхур е гуэдзыр зрагъэщащэ щхьэл матэ.

Мусэкъей – Iэщэ лIэужьыгъуэщ, къамэм и лъапсэгъущ.

Мывэзэтес – мывэкъалэр щаухуэкIэ, мывэр зэрызэтралъхьэ щIыкIэм апхуэдэу йоджэ. Мывэ нэхъ пIащэхэр япэщIыкIэ зы лъэныкъуэмкIэ бгъунжу екIуэкIыу ягъэтIылърэ, абы къытралъхьэ мывэхэри мыдрей лъэныкъуэмкIэ къекIуэкIыжу трагъэзагъэу щытащ, мывэзэтес хъужри арат. Мывэкъалэр тIууэ зэгуэту зыухуэхэри щыIащ, мывэзэтес тIуащIэ ищIащ, псэуакIуэщ, хужаIэу.

Мывэтут – гъуэгурыкIуэхэм зыщагъэпсэхуу щыта, жьэгъу мащIэ иIэу гъуэгущхьэхэм, зекIуапIэхэм телъ мывэшхуэ. Апхуэдэ мывэхэр щыкуэд Бэдыдж тIуащIэ къикIыжа Щоджэнхьэблэхэм я бзэм щыщщ.

Мыстхъэ I – мэ дахэ къызыпих Iугъуэ. УрысыбзэкIэ «благовоние» жыхуаIэращ.

Мыстхъэ II – къэкIыгъэцIэщ, и урысыбзэр къытхуэгъуэтакъым. «Бэдыдж мыстхъэ» псэлъафэр щыIэщ. Удзыр ягъэгъурти яхьэжырт, итIанэ мафIэ мащIэ ирадзырти, къыпыIукI Iугъуэм и мэми апхуэдэу еджэрт. УнагъуэщIэхэр я лэгъунэм щIэмыхьэж ипэ, нанэм абы бэдыдж мыстхъэ щIагъэууэ щытауэ яIуэтэж.

Накъыгъэнабдзэ – цIыхубз дахэ, бзылъхугъэ гуакIуэ, жыхуиIэщ.

Нэбэнэгъ – пшагъуэ мащIэ телъу, тIэкIуи къызэпхидзу дунейм иIэ щытыкIэ.

Нэгурэш – зи нэгур шэм хуэдэу хужь хъыджэбзым апхуэдэу хужаIэ. «Хъыджэбз нэгурэшыр дахэкъыхэшщ» псэлъафэр ХьэтIохъущыкъуейхэм ноби зэрахьэ.

Пщыгъуэ I.1. – бжьэпщыр къызэрыкI безынэ. ХьэтIохъущыкъуейхэм я бзэм щыщщ.

Пщыгъуэ I.2. – безынэм иралъхьэ сагъэ.

Пщыгъуэ I.3. – зы бжьэпщым къегъэщIылIа бжьэ бын.

Пщыгъуэ II – щIыр зэрапщ мардэ. УрысыбзэкIэ «сотка» жыхуаIэм хуэбгъакIуэ хъунущ. Хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Бешкъэзакъхьэблэр ХьэтIохъущыкъуейм къыщыкIуэжым, пщыр абыхэм пщыгъуэ щэныкъуэ-щэныкъуэкIэ етауэ щытащ. Бешкъэзакъхьэблэхэм нобэми зэрахьэ псалъэщ.

СабынщIэгъуэ – зы жьыщIэгъуэкIэ зрикъун хуэдизу сабыным къыпыгъэхуа Iыхьэ. Щоджэнхьэблэхэм зэрахьэ псалъэщ.

ТхьэгъуцIацIэ I – къэкIыгъэ лӀэужьыгъуэщ, урысыбзэкIэ «колокольчик» жыхуаIэращ.

ТхьэгъуцIацIэ II – къэгъагъэм пщэдджыжькIэ уэру къытридзэ уэсэпс.

Уафэпшэ – пшагъуэ. Къалэдэсхэм къахьыжа псалъэщ.

ХьэIудзэ – фIэдзапIэ жыхуаIэращ. Бешкъэзакъхьэблэхэм я бзэм щыщщ.

Хьэтх – нэхъыжьхэм IуэхутхьэбзащIэ ящIу щыта щIалэщIэ.

Хьэтхауэ I – адыгэ къуажэхэм урыс унэхэр къыдагъэува нэужь, цIыхухэм хэгъэгу хъыбархэр яригъэщIэну, къуажэтетыр зыхуэныкъуэ хъухэр IуэхущIапIэм иришэлIэну пщэрылъ хэха зиIэу щыта лэжьакIуэ.

Хьэтхауэ II – еплъ хьэтх псалъэм.

Хъупшу – куэд зышх сабийм гушыIэу жраIэ псалъэщ, хъупыр игъэтIылъыххэркъым, жыхуиIэщ.

Цацыму йокIукI – щIэущыхьу зекIуэм щхьэкIэ жаIэ. Цымамэу къекIухь, жыхуиIэщ. Псалъэр Щоджэнхьэблэхэм къахьыжащ, нобэми зэрахьэ.

ЩахэIуж – щахэгум зиIуантIэу ефыкI узыфэ лIэужьыгъуэщ, урысыбзэкIэ «перекрут яичка» жыхуаIэращ.

Щоджэнхур I – щIалэ цIыкIум и пащIэм зыкъыпхидзу, и макъыр къутэу балигъыпIэ щиувэ лъэхъэнэм щхьэкIэ щоджэнхурым зыкъыпщIыхидзащ, жаIэ. УрысыбзэкIэ «переходный возраст» жыхуаIэм хуэбгъакIуэ хъуну къыщIэкIынщ.

Щоджэнхур II – цIыхухъум пщIыхьэпIэм хэту куэдрэ зэпщIыхь цIыхубз нэрымылъагъум щхьэкIэ жаIэ. Щоджэнхурым къегъэхъу, жаIэу псэлъафэ щыIэщ. ЗэрагъэнахуэмкIэ, цIыхухъум щхьэгъусэ гугъу къыпэщIэхуэнуращ.

ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель
Поделиться:

Читать также: