Уэ утхьэIухуд хьэмэрэ ущоджэнхур?

Балэ – хыв пIащэфIым щхьэкIэ жаIэ. Псалъэр ХьэтIохъущыкъуейхэм я дежщ щызэхэтхар.

Бэлахъуэ – хывыхъуэ.

Был Iуэгъуэ – зы макъ къыжьэдэкIыркъым, жыхуиIэщ.

Бырамбыху джанэ – цIыхубз жэщ джанэ. Бешкъэзакъэхьэблэхэм къахьыжа псалъэщ.

Гуажэ хуэхъун – и жагъуэ хъун, жыхуиIэщ.

Гуащэв – гуащэм хуагъасэ вы.

Гъэрэхъу-щIэрэхъу – шы удэфа, шхэкъуа, сэхъуа.

Гъуэ – щыхь Iэл лъэпкъ, урысыбзэкIэ «косуля» жыхуаIэращ. ХьэтIохъущыкъуейхэм я псэлъафэщ. Гъуэжьуз гъуэл хуэхъущхьэщ, жаIэ.

Гъуэншэджыпхъэ – гъэру яIыгъ хъыджэбзхэм щхьэкIэ жаIэ. Хэкукъутэм къыдэкIуа Iуэхугъуэхэм нэхъыжьхэр щрипсалъэкIэ, цIыхубзхэр жаIэрт хамэщI къыщыхута гъуэншэджпхъэхэр жьэн узыым ихьыжащ, дуней насыпи яIакъым, жаIэу. Зи гугъу ящIыр Хэкум ираша хъыджэбзхэрт. Псалъэр щызэхэтхар Тыркум щыIэ ХьэтIохъущыкъуеижь къуажэрщ.

ГъуеякIуэ – гузэвэгъуэ хэхуа унагъуэм е цIыхум я цIэкIэ жылэм ахъшэ щхьэкIэ лъэIуакIуэ хыхьауэ хэтым апхуэдэу йоджэ. Зы лъэныкъуэкIэ щIэгъэкъуэнщ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, укIытэр, емыкIур лъэIуэну зыхуэзымыгъэфащэу бэлыхьлажьэ хэхуам ящхьэщызых псапэхуэщIэ Iуэхущ. Псалъэр кIуэдыжу хуежьахэм яхэтами, иужьрейхэм къэунэхужауэ жыпIэ хъунущ, узыншагъэкIэ гукъеуэ зиIэхэм яхуримыкъу ахъшэр зэхуэзыхьэс щIалэхэм апхуэдэу йоджэ.

Дэ гуэн – тхъапIэ, жыхуиIэщ. Дэ купщIэкIэ щагъашэ унагъуэщ, я дэ гуэныр изщ, жаIэ.

Дэпщэж – дагъэкIа къудамэр жыгым ищтэрэ щыдэкIейкIэ, къудамэр дэпщэж хъуащ, жаIэ, зэрызэхэкIам щыгуфIыкIыу. ХьэтIохъущыкъуей жыггъэкIхэм я псэлъафэ дыдэщ.

Думэданэ – къуэрылъхум и щхьэгъусэр гуащэшхуэм унагъуэм ириIэбэну хуригъэщIа жыхапхъэм аращ зэреджэр. Думэданэ бгырыпх, тIырх-лъэрх дэIэбэ, жиIэрт, жаIэ, нысащIэм, гуащэшхуэм емыпсэлъами, фIыщIэ зэрыхуищIыр къигъэлъэгъуэн щхьэкIэ.

Едэу – гъурыжь цIыкIу, зыужьыгъуей, гуащIэ мащIэ, жыхуиIэщ. ХьэтIохъущыкъуей нанэхэм жаIэу куэдрэ зэхэпхынут: «Си щIалэ цIыкIур едэужь цIыкIуу къэхъуащи, сигу хупих зэпытщ».

Ехъуэрыуэнэ – зыгуэрым ехъурджэуэн, ауан хэлъу епсэлъэн. Щоджэнхьэблэхэм зэрахьэ псалъэщ.

ЖьафIэ – гъэхуауэ, шэрыуэу, ауэ бзаджэу икIи пиупщIу псалъэ.

ЗэпыкIэнтIыкIын – зыхуэмыIыгъыжын, зэфIэщIэн, узым игъэшын. ХьэтIохъущыкъуейхэм я псэлъафэ дыдэщ.

ЗэпэфI – псалъэр зэзыгъэзэхуэф, екIуу зэхэзыухуэнэфым щхьэкIэ жаIэ. И хуъэхъури зэпэфIщи, и псалъэри IукIафIэщ, жыIэгъуэр куэдрэ зэхэпхынущ хьэтIохъущыкъуей нэхъыжьхэм жаIэу.

Зэтехун – тхьэмыщкIэ хъун, имыIэмрэ зыхуэныкъуэмрэ нэхъыбэ хъун, жыхуиIэщ. Унагъуэр зэтехуащи, яшхын ямыIэу нэху къыщекIыр куэдрэщ, жаIэ. ХьэтIохъущыкъуейхэм я псэлъафэ дыдэщ. Ар щыгъэтауэ, «унагъуэ тхьэмыщкIэ» жыIэгъуэм «унагъуэ хуэмыщIа», «куэд хуэныкъуэ унагъуэ» мыхьэнэр къикIыу къуажэдэсхэм я бзэм къызэрыхыхьэрэ куэд щIакъым. ЦIыхум и Iэм имылъ гуауэ къызытепсыхар зэрырагъэундэIу псалъэт, Тхьэм урианэмэтщ, жаIэу кърагъэкIыу.

Зыгъэтхынысэн – и щIыкIэкIи и псэлъэкIэкIи зэрынэхъыжьыр нэхъыщIэхэм къезыгъащIэ нысэгъу. Зегъэтхынысэри, и псэм хэлъыр къытхуэмыщIэ, жаIэ.

Зыкъэуджэщыжын – зыкъэщIэжын, къызэрыгъуэтыжын, жыхуиIэщ.

Зыкъэуджэщын – зыкъэужьыжын, нэплъэжыгъуэ гъуэтын.

КIахъуэ-щхьэхъуэ хъун – цIыху сурэтым икIын, фэладжэ хъун, жыхуиIэщ.

Къащтэрыуэ – фочауэ мыхуъмыщIэ, шэ икI макъым игъащтэу зэгъэкIуапIэ имыхуэу кIакхъу щIэзыч. Мыбы къыхэкIри, мыгупсысэу псалъэм щхьэкIэ, гум хыхьэу жагъуэ псалъэ жызыIэм щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ хъуащ.

ХьэрэутIэ – гугъуехь пымылъу, и гуащIэ тримыгъэкIуадэу къигъэхъаржэн щхьэкIэ, и Iуэху здэщыIи здэщымыIи къыщыщIидз, дэни къыщыхутэ цIыху. ХьэрэутIэу уэрамым дэт нэхърэ, Iэгуущэу щытамэ, зыгуэри къехъулIэну къыщIэкIынт, жаIэ. Псалъэр Бжьэхъуэкъуейхэм нобэми зэрахьэ.

ШыпэIус – гъуэгурыкIуэм къызыкъуих гъуэмылапхъэ.

Щоджэнхур II – цIыхухъум пщIыхьэпIэм хэту куэдрэ зэпщIыхь цIыхубз нэрымылъагъум щхьэкIэ жаIэ. Щоджэнхурым къегъэхъу, жаIэу псэлъафэ щыIэщ. ЗэрагъэнахуэмкIэ, цIыхухъум щхьэгъусэ гугъу къыпэщIэхуэнуращ.

Щоджэнщауэ – къулъшырыфым щыIуэхутхьэбзащIэ щIалэщIэ, урысыбзэкIэ «служка» жыхуаIэращ.

ЩIыкудэ – пхъапхъэу щIым къыщIэкI шэдыпкъэ, шэд гуарцэ. УрысыбзэкIэ «торф» жыхуаIэращ. Бжьэхъуэкъуейхэм я бзэм щыщщ.

ЩIытIанэ I – и кум Iуащхьэшхуэ иту, абы и хъуреягъкIэ щIытI хуэщIыжауэ щыт кхъэлъахэ. Ислъэмей къуажэкум хуэзэу нобэми ит Уэзрэдж и Iуащхьэр щIытIанэм щыщщ.

ЩIытIанэ II – Iэбэн-лъэбэнкIэ яумыса цIыхур махуэ бжыгъэкIэ зрагъэтIысхьэу щыта мащэ куум аращ зэреджэр.

ЩIытIанэпс – дыгъур зрагъэтIысхьэ мащэр нэхъ куууху къыпхив псы.

Iэгудэхыу псэун – зи унэ лъапсэр джабэм кIэрыту псэухэм щхьэкIэ жаIэ. Къущхьэхэм унапIэу ящIыр игъащIэми Iэгудэхщ.

Iэгуущэ – и гуащIэдэкI къабзэкIэ псэу, пщIэнтIэпс хьэлэлкIэ псэуныгъэр езыгъэкIуэкI цIыху.

 

 

ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель
Поделиться:

Читать также: