Хэкупсэ нэсЗыхалъхуа лIэщIыгъуэм гу хьэлэлрэ псэ къабзэкIэ гуащIафIэу хуэлажьэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Дадэ Суфэдин (Исмел) Iэбузед и къуэр ди республикэм цIэрыIуэ щыхъуащ лъэпкъым хуэщхьэпэну зэфIиха IуэхугъуэхэмкIэ. Суфэдин и ныбжьыр нобэ, щэкIуэгъуэм и 27-м, илъэс 70 ирокъу. «СССР-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и отличник», «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэхэр, дамыгъэхэр хуэфащэ дыдэу зезыхьэ Дадэр 1993 гъэм къыщыщIэдзауэ КъБР-м и Парламентым и хэхыгъуищым я депутату щытащ. ЦIыхубэм я дзыхь ирагъэзу, жэуаплыныгъэ зыпылъ а къулыкъу лъагэр зыхуагъэфэща Суфэдин и жэрдэмкIэ а лъэхъэнэм Парламентым къищтащ адыгэ лъэпкъым и къэкIуэну дахэм хуэгъэпса унафэ куэд.
Поделиться:
Читать также:
28.03.2024 - 14:02 →
Хьэршыр и плъапIэт
28.03.2024 - 13:01 →
Гум имыхуж гъатхае
28.03.2024 - 11:00 →
ЩхьэкIуэ зышэч щхьэ шхыгъуэ йохуэ
28.03.2024 - 10:59 →
Я къаруи зэфIэкIи ирахьэлIэ
27.03.2024 - 18:39 →
ЩIэныгъэлIхэр бэлэрыгъыркъым
|