Нобэ♦Палестинэ лъэпкъыр дэIыгъыным и дунейпсо махуэщ. 1947 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм резолюцэ къищтащ Палестинэр Инджылызым и унафэм къыщIэгъэкIыным теухуауэ. Апхуэдэуи абы щыубзыхуат Палестинэм къэралыгъуитI – журтхэм ейрэ хьэрыпхэм ейрэ – къыщызэгъэпэщыныр. ♦ Албаниер нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIагъэкIыжа (1944 гъэм) махуэщ Дунейм и щытыкIэнур«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 14 – 16, жэщым градуси 9 – 11 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ:
|