Адыгэ мифологием дунейр зэриухуэр

Дунейр ухуа зэрыхъум теухуауэ адыгэ мифологием сюжет укъуэдия иIэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми щIыр, уафэр, бгы сытхэр къызэрыхъуар хыболъагъуэ. Псом япэу гу лъыботэ уафэр «мыджэмыпцIэу, щIылъэр зэпцIагъащIэу» къызэрыхэщым. Апхуэдэу щыщыткIэ, уафэри щIылъэри зы зэман зэпцIауэ ялъытэу щытащ. Угугъэ хъунущ абы иужькIэ бгыхэмрэ псыхэмрэ къэхъуауэ: эпосым ущрохьэлIэ Бещтау къандзэгу хуэдизу, Индыл цIыкIурэ сабийхэр епкIэу зы зэман щыIауэ. 
А лъэхъэнэ жыжьэращ дунейр къыщигъэщIауэ хуэгъэфэщапхъэри. Мыбы гу лъытэн хуейщ: дунейр ухуэныр епхащ Сосрыкъуэ. Уегупсысыпэмэ, Сосрыкъуэ япэ цIыхуу къегъэлъагъуэ: уафэмрэ щIылъэмрэ щаухуэм Сосрыкъуэ лIыпIэ иуват, бгыхэмрэ псыхэмрэ къыщигъэщIам Сосрыкъуэ жьакIэ ныкъуэтхъут.
Дунейр къатищу зэтетщ: уафэр, щIылъэр, хьэдрыхэ. ЩIым и гъунэр къызэригъэлъагъуэр мыращ: уафэмрэ щIылъэмрэ щызэхыхьэжым. Абы нэс гъуэгуанэ жыжьэ дэлъщ: къуршиблрэ хиблрэ зэпыбупщIын хуейщ. Дунейм и къатхэр зэрепх жыгым (бжейм), ар бгышхуэм итщ, и щхьэр уафэм етарэ и лъабжьэр щIы щIагъым кIуэуэ. Уафэр къащхъуэщ, ЩIылъэр нэхущ, щIы щхьэфэр щхъуантIэщ. Хьэдрыхэ кIыфIщ. Уафэм (е Iуащхьэмахуэ) тхьэхэр щопсэу, щIыгум щопсэу цIыхухэр (нартхэр), хьэдрыхэ щыIэхэр ем и телъхьэхэращ – иныжь, благъуэ сытхэр. Зы къатым уикIыу нэгъуэщI къатым укIуэ хъунущ бжей жыгым и кумкIэ (е щыхупIэ сытхэмкIэ), бгъэм утесу, тIы фIыцIэ-тIы хужьхэми уахьынущ (тIы фIыцIэм щIы щIагъым уехь, тIы хужьым щIым укъыдрехьеиж).
Дунейр япэу иухуауэ хуэбгъэфащэ хъунущ япэщIыкIэ Тхьэм, иужькIэ а къалэныр ищтащ Тхьэшхуэм.
 

 

«Адыгэ мифологием и энциклопедие» тхылъым къитхыжащ.
Поделиться: