Сурэтхэм къысхуаIуэтар

Куэд щIатэкъым Мухьэмэд цIыхугъэ къызэрысхуэхъурэ, абы къыхэкIыуи, щIалэ хьэлэлу, хабзэ хэлъу зэрыщытым фIэкI, и Iуэху сыщыгъуазэтэкъым. 
Зымахуэ, лэжьыгъэр сухауэ, Пушкиным и уэрамым сытету сыздэкIуэжым, ар шокъщ жиIэу къысхуэзащ. 
- Уоу, сэлам алейкум, сыту фIыт узэрыслъэгъуар! – жиIэри, Мухьэмэд си Iэр гуапэу къиубыдащ. – Тхьэм щхьэкIэ, неблагъэ. Мис мыращ ди унэр.
КъызэрыщIэкIамкIэ, абыхэм я куэбжэпэм дежт дыщызэхуэзар. «Уи еблагъэ куэд ухъу, иужькIэ дыныщIыхьэнщ», - жысIа щхьэкIэ, Мухьэмэд си Iэблэр иутIыпщакъым. 
- ИужькIи дыхущIыхьэнщ, иджыпсту хьэщIэ ихьэгъуэ дыдэщ, зиунагъуэрэ, кхъыIэ, неблагъэ, си жагъуэ къыумыщIу», - жиIащ абы, и псалъэхэм фэрыщIагъэ лъэпкъ зэрахэмылъыр къыбгурыIуэу. КъезмыгъэкIущэ пэтми, сыщIэмыхьэу хъуакъым. 
Унэм Мухьэмэд и фызым и закъуэт щIэсыр.
- Мыращ ди пщыIэтесыр, фызэрыцIыху, - жи Мухьэмэд. ЦIыхубзым нэмысыфIэу и Iэр къеший. ХьэщIэщым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, залым сыщIашэри диваным срагъэтIысхьэ. Унэгуащэр, тIэкIурэ фIэкIа щымыту, щIокIыж, зыгуэр зэримурадыр пщIэуэ. Пэж дыдэуи, асыхьэтым пщэфIапIэмкIэ Iэуэлъауэ макъ къыщоIу. 
- Хуабжьу си гуапэ хъуащ ди унэ укъызэрыщIыхьар, - жеIэ Мухьэмэд. – Паркым шахмат дыщызэдэджэгу къудейкIэ Iуэхур зэфIэкIрэ, зиунагъуэрэ! Моуэ дэ иджыпсту…
Мухьэмэди пщэфIапIэмкIэ кIуащи, зэщхьэгъусэхэм, зэхэсх къудейуэ, я псалъэмакъыр къоIу. Абы щыщу псалъэ зырызщ си тхьэкIумэм IупщIу къихьэр: «Хэт?... Гороно… лэжьапIэ… лъэкIынущ… тыкуэным… экстра…». 
АдэкIэ зыри зэхэсхыжакъым. Бжэ макъ къэIуат. КъызэрызгурыIуамкIэ, Мухьэмэд тыкуэным кIуэну щIэкIагъэнут. Сыщысщ си закъуэу, пэшыр къызоплъ. ЩIэтыпхъэр щIэтщ: щыгъын шкаф, стIол, шэнт къегъэувэкIауэ, сервант, и ныкъуэм – тхылъ, адрейм хьэкъущыкъу дэту, алэрыбгъу зы блыным, сэ сызэрыс диваныр зыбгъэдэтым, фIэлъщ. Тумбочкэ, телевизор, телефон… Ямылей слъагъуркъым.
Сыщысщ, созэш. «Дауи, мо сервантыщхьэм телъыр сурэт альбомщ», - жызоIэри къызощтэ, сотIысыжри, абы сеплъу щIызодзэ. Альбомым сурэт дэзу дэлът. «Сыт мыхъуми, сытригъэунщ», - жызоIэ. 
Альбомым и къыщIэдзапIэм щызолъагъу сабий пцIанэ цIыкIу и дзыгъуэ щхьэцыр иджыри тету, ныбафэкIэ щылърэ ерагъкIэ къыдэплъеиф къудейуэ. «Мухьэмэду пIэрэ?». Сурэтыр къызохри, и щIыбым тетхам соплъ. Абы тетт: «Мухьэмэд илъэс ныкъуэ щрикъуам». КъыкIэлъыкIуэ сурэт зыкъомри ар сабийуэ щыщытам трахат. 
Ауэ мис мыр адрейхэм ещхьтэкъым: Мухьэмэд ин хъуат, кIэстум зэфIэт щыгът, галстук дэлът, хъыджэбз гуэрым и гъусэу жыг щIагъым щIэтт. Соплъ абы и щIыбым тетхам: «Студентыгъуэ илъэсхэр». Мис дипломыр иIыгъыу траха сурэтри. Мыдрейр, дауи, лэжьэн щыщIидзам трахащ: екIуэкIыу чертеж зыфIэлъ блыным щIыбагъкIэ бгъэдэтщ, линейкэ иIыгъщ, зыгуэрым йогупсыс. Инженерыр зэгупсысын мащIэ!
Сурэтхэм сеплъурэ сыздэкIуэм, си нэр къытоувыIэ абыхэм ящыщ зым: Мухьэмэд къэпсэлъапIэм итщ, фалъэ IэщIэлъ хуэдэ, и Iэхъуамбэхэр ищIащ – дихьэхауэ зыгуэрым топсэлъыхь. Дауи, къедаIуэхэм зыгуэр ягуригъаIуэу аращ. 
Соплъыр сурэтхэм. Сыт пщIэн нэгъуэщI? Хъарзынэу си зэш тоу. Мухьэмэди къигъэзэжыркъым. 
Сурэт гуэрым Мухьэмэд стIолым бгъэдэсу итщ. Абы и нэгум иболъагъуэ и щхьэр гупсысэм зэрыхэлъыр, япэм хуэдэу нэщхъыфIэуи щытыжкъым… Мухьэмэд «Волгэм» исщ, и щхьэр мащIэу Iэтауэ, къоплъэкI…
Мис абы и портрет… Аргуэру зы портрет. Аргуэру зы… Абыхэм языхэзым и щIыбагъым тетхат мыпхуэдэу: «Бригадиру сыщыщытам». Адрейм – «Орден къыщызатам». Ещанэм – «Налшык щекIуэкIа совещанэм сыщыщыIам». ЕплIанэм – «Волга» къыщысщэхуам. Адрейм – «Си япэ фызыр щизгъэкIыжам». НэгъуэщIым – «Нобэ илъэс 29-рэ сохъу». Мис иджыри зы. Абы тетщ: «Ди председателым и зам сащIащ»…
Соплъ сурэтхэм, соджэ абыхэм тетхам. ИкIи си нэгум къыщIоувэ Мухьэмэд «зэрыдэкIуея пкIэлъейр». МакIуэ щIалэр, и щхьэр Iэтауэ, и бгъэр гъэкъауэ, портрет инхэр иригъэщIу, сурэт цIыкIухэр зэримыпэсыжу… Хьэуэ, сыщыуэрти. Мис зы сурэт: Мухьэмэд яхэтщ цIыху Iувым, дауи, собранэ екIуэкIыу аращ. Мухьэмэд, выщIэ ешам ещхьу, и щхьэр фIолэл, нэщхъейуэ йоплъых. Суэртым и щIыбагъым тетщ: «Зам къулыкъум сыкъыщытрагъэкIыжам». 
Пэжу жысIэнщи, мы сурэтыр хуабжьу сигу ирихьри, зысхуэмыубыдыжу щэхуу куэдрэ сыдыхьэшхащ. ИтIанэ паспортым трагъапщIэм хуэдэ си сурэт цIыкIур си бгъэ жыпым къинауэ илъти, къисхри и щIыбагъым тестхащ: «Мухьэмэд и деж хьэщIапIэ сыщыщыIам щыгъуэ» жиIэу. Ар стIолым теслъхьэри, унэгуащэм «ущысыркъэ-на, Мухьэмэд иджыпсту къэсыжынущ», - жиIэу къыскIэлъыщIэкIа щхьэкIэ, Iуэху пIащIэгъуэ сиIэу щхьэусыгъуэ сщIыри, сыкъыщIэкIыжащ. 
 

 

Къагъырмэс Борис.
Поделиться: