ХамэщIым гур щыкIуэдыркъым

Израилыр журт лъэпкъым и хэкущ. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хиубыдэ къэралщ, ЩIыкурытыхым и Iуфэм Iусщ. Ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ - Ливаныр, ищхъэрэ-къуэкIыпIэмкIэ – Сириер, къуэкIыпIэмкIэ Иорданиер, ипщэ-къухьэпIэмкIэ Мысырымрэ Газэ ЩIыналъэмрэ къыщысщ. ЖыпIэнуракъэ, экономикэ и лъэныкъуэкIэ фIыуэ зызыужьа къэралщ. Къапщтэмэ, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хиубыдэ къэралхэм ящыщу Израилращ зи псэукIэр нэхъ зэIузэпэщыр. Журт къэралыгъуэ щхьэкIэ, мыр лъэпкъ куэд щызэхэс, демократиер щытепщэ щIыналъэщ. Абы нэхъыбэу исыр журтхэрщ (процент 75,4-рэ), хьэрыпхэр – процент 20,6-рэ, нэгъуэщI лъэпкъ мащIэхэр проценти 4 ирикъуу аращ. Журт лъэпкъымрэ Израиль щIыгумрэ зэпыщIэныгъэшхуэ яIэщ, аращ здэщыIэр журтхэм я дежкIэ лъапIэ щIыпIэ псори. 
Зи хэку иIэпхъукIа лъэпкъ куэд зэрыщызэхэсым къыхэкIыу, мыр бзэ куэд «зыIурылъ» къэралу къалъытэ. Абы исхэм шэрыуэу ящIэ ивритыр, инджылызыбзэр, хьэрыпыбзэр, уеблэмэ уэрам, къалэ гъэнэхуапIэхэм бзищымкIи тетхащ.
Езы журтхэм къадэкIуэу, хуитыныгъэ зэхуэдэ щаIэщ хьэрып-муслъымэнхэми, хьэрып-чыристэнхэми, друзхэми, бедуинхэми, самаритянхэми, ермэлыхэми, адыгэхэми. 
Израилым адыгэ къуажитI итщ – Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ. Абы дэс ди лъэпкъэгъухэм я адыгагъэр зэрахъумэж зы Iэмалщ гъэ къэс чэзууэ Адыгэ щэнхабзэм и фестиваль зэрыщрагъэкIуэкIыр. Абы кърагъэблагъэ Тыркум, Сирием, Иорданием, нэгъуэщI къэралхэм щыхэхэс адыгэхэм я уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ гупхэр. Мызэ-мытIэу абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ я къэфакIуэ уэрэджыIакIуэ гупхэу «Кабардинка», «Ислъэмей», «Налмэс» ансамблхэр. 
Кфар-Камэ Тель-Авив и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ километри 120-кIэ, Тберие гуэлым километр 20-25-кIэ пэIэщIэу щысщ. 
Жэнэт лъахэ цIыкIу хуэдэщ а жылэр, хэкум зэрыпэIэщIэр думыгъуэмэ. Куэбжи бжыхьи щумылъагъу къуажэщ ар, и жьэгу пащхьэр зэщIэгъэнарэ берычэтыр дэзу. Хьэрып, журт шхыныгъуэ куэди щызэблах, ауэ адыгэ шхыныгъуэхэри зэраIэщIэмыхуар нэрылъагъуу адыгэ кхъуей зыдэлъ хьэлывэ, лым къыхэщIыкIа ерыскъыгъуэхэр, пIастэ, щIакхъуэ Iэрыпщ хуэдэхэр я Iэнэм телъщ. Псом нэхъ гъэщIэгъуэныр зы хьэрыпыбзи журтыбзи зэрыщызэхыумыхырщ: я нэхъ цIыкIухэри щIалэгъуалэри зэрызэпсалъэр адыгэбзэщ, я нэхъыжьыр зэрыущиер анэдэлъхубзэрщ. Къуажэ дэлъэдапIэм къыщыщIэдзауэ абы щызыхэпщIэ адыгагъэм уи хэкужь уисыж хуэдэу къыпщегъэхъу. АдыгэбзэкIэ «Фыкъеблагъэ» зэрытетхар умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым, къатищу зэтету къуажэкум ит Хасэр, дэ администрацэкIэ дызэджэр, сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэгъэзащ, библиотекэ хэтщ. Къалэм и кур зыхуэзэ а щIыпIэм Куэбжэ зэIуха ин удз зэмылIэужьыгъуэхэр къегъэтIысэкIауэ щытщ. А зы куэбжэрщ Кфар-Камэ щыплъагъунур, ари зэIуха зэпыту зэрыщытым къыбжеIэ ди лъэпкъэгъухэм ягури я псэри зэIухауэ дунейм зэрытетыр. 
Къулей, къулейсыз псалъэхэм къарыкIыр ящIэ хъункъым абыхэм, псоми я унэхэр зы ухуакIуэм ищIа хуэдэу зэщхьщ. Езыхэр гъунэгъу къалэхэм щыIэ фабрикэхэм, заводхэм, щолажьэ, дзэм, полицэм къулыкъу щащIэ, абы къыдэкIуэуи тыкуэн, шхапIэ, щхьэц щIэщапIэ хуэдэхэр къызэIуахауэ ягъэлажьэ, щIыгум толэжьыхь, былым ягъэхъу, жыг-хадэ хасэ. Къыхэгъэщыпхъэщ унагъуэ Iуэху гуэр зэфIагъэкIын е цIыхур зыхуей хъу Iуэхутхьэбзэр игъуэтын папщIэ ахэр нэгъуэщI къалэ кIуэн зэрыхуэмейр. Кфар-Камэ псори щыбогъуэт, курыт еджапIэ, сабий гъэсапIэ, сымаджэщ, банк, пощт – псори дэтщ, тыншу ущопсэу. ПщIантIэхэм машинэ зыбжанэ зэбгъурыту дэтщ, зи ныбжыр илъэс 14 ирикъуа ныбжьыщIэм (щIалэми хъыджэбзми емылъытауэ) машинэ къехуэкIыным зыхуегъасэри, щыхьэт тхылъыр къыдех. Хъыджэбз цIыкIухэри, зи ныбжь хэкIуэта бзылъугъэхэри машинэ исщ. ТоккIэ лажьэ электромобилхэр къуажэм дэзу дэтщ, ахэр нэхъ тыншщ уи Iуэху иризэфIэбгъэкIыну. Абы тесхэр щызэблэкIкIэ, адыгэбзэкIэ сэлам зэрах. Къапщтэмэ, къуажэм дэс псори зэроцIыху, адыгэбзэ фIэкIа нэгъуэщIыбзэ щызекIуэркъым. 
УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым журт къэралым ис адыгэ къуажэ цIыкIум дэсхэм я анэдэлъхубзэм пщIэ зэрыхуащIым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхэтх адыгэбзэ ныкъуэм, нэгъуэщIыбзэм худиIэ пыщIэныгъэм, ди бзэр хамэ псалъэхэмкIэ зэрыдуцIэпIым, адыгэбзэ зымыщIэ адыгэ зэрытцIыхум, адыгэбзэр егъэджэным пыщIа гугъуехьхэм ебгъапщэмэ... 
Анэдэлъхубзэр ди школхэм щаджыну сабийхэр, адэ-анэхэр зэрыхуэмейм, ар зэрызэрамыпэсым щхьэусыгъуэ къыхуэзгъуэтырт – школ нэужьым еджапIэ щIэтIысхьэнуми, лэжьапIэ увынуми, къулыкъу ирахьэкIынуми адыгэбзэр зыщIыпIи къыщысэбэпыркъыми, аращ щIамыджыр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, абы гугъу зыщIрагъэхьын щхьэусыгъуэ яIэкъым, икIи къэслъытэрт а щхьэусыгъуэр властым къигупсысын хуейуэ, адэ-анэм нэгъуэщI къащыгурымыIуэкIэ. Кфар-Камэ адыгэбзэм и гъусэу бзищ щадж. Курыт школым и класси 9-р къызэраухыу, хьэрыпхэмрэ журтхэмрэ яхохьэри, ядоджэ, адэкIэ я щIэныгъэм хагъахъуэ, итIанэ лэжьэн щIадзэ… Къуажэм зэрыдэбэкъукIыу къагъэсэбэпыр зыхэс къэралым и бзэхэрщ, ауэ пщыхьэщхьэм къызэрагъэзэжу я анэдэлъхубзэм тохьэж. Абы хьэкъ сщищIащ: уи бзэр пщIэн щхьэкIэ гукIи псэкIи уадыгэн хуей къудейуэ аращ, армыхъумэ, ар къэралми властми елъытакъым. 
Кфар-Камэ цIыху 3330-рэ дэсщ, ар унагъуэ 1130-рэ мэхъу. Абыхэм я процент 90-р шапсыгъщ, абазэхэхэр, хьэтыкъуейхэр, бжьэдыгъухэр унагъуэ зыбжанэ мэхъу. Зи лъэпкъым къыкIэрыча хъуа, нэгъуэщI дин, политикэ, бзэ зезыхьэ гупым хэхуа, зи бжыгъэкIэ мащIэ ди къуэшхэм я щэнхабзэмрэ псэукIэмрэ а псоми яжь къыщIимыхуу къэнауэ къыщIэкIынкъым. Абы щыпсэу адыгэхэм езыхэм я хабзэ зехьэкIэ, псэукIэ щхьэхуэ зэрагъэпэщыжащ. Езыхэр, дэ дэщхьу, зэрызэджэжыр адыгэщ, «шапсыгъ», «абазэхэ» псалъэхэр къыщагъэсэбэпыр зыщыщ лIакъуэр щызэхагъэкIым дежщ. 
Ахэр къызыхэкIа лъэпкъым, я адэжьхэм, адыгэ мамлюкхэм яхэлъа лIыгъэмрэ яIа щIыхьымрэ, я хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ ирипагэу мэпсэу нобэр къыздэсым икIи къыдэкIуэтей щIэблэр абы зэрыщIапIыкIыр нэрылъагъущ. Къуажэм адыгэбзэ фIэкIа зэрыщыземыкIуэр щыхьэт тохъуэ я лъэпкъ зэхэщIыкIым зэрызиужьам. ИтIанэ я лъэпкъыр, я бзэр, щэнхабзэр зэрахъумэжыфар зи фIыгъэр я лъэпкъ лIыхъужьыгъэмрэ къэмылэнджагъэмрэ арагъэнущ. Арыншамэ, ахэр зэпымыууэ къэзыухъуреихь я бий куэдым – псыр, гъавэр, щIыр трахын щхьэкIэ кIэншэу къатеуэу щыта бедуинхэмрэ друзхэмрэ – япэщIэтыфынкIэ Iэмал иIакъым. Ди лъэпкъэгъухэр къыщIызэтенэфам и щхьэусыгъуэхэм ящыщщ я лъэпкъыр яхъумэжын щхьэкIэ, Iэмал зэриIэкIэ, нэгъуэщI лъэпкъ зэрызыхамыгъэхьэр. Япхъухэр нэгъуэщI лъэпкъ зэрырамытынум, щIалэхэм хамэ пщащэ къызэрырамыгъэшэным пылъхэщ. НэгъуэщI къэрал щыпсэу адыгэ къашэныр, дэкIуэныр я гуапэщ. Израилым щыпсэу адыгэ цIыхубзхэм, апхуэдэ лъэпкъ хабзэ димыIэ пэтми, щхьэтепхъуэ ятелъщ, ауэ иджырей пщащэхэм щхьэтепхъуэ зэрахьэжыркъым. Унагъуэ ихьа цIыхубз псоми «щамий» жари щэкI хужьым къыхэщIыкIа IэлъэщI зытралъхьэ зэхуэс, джэгу кIуэн хуей хъуамэ, я щхьэцри я пщэри щIихъумэу.
Ахэр я лъэпкъ щэнхабзэм хуосакъ, адыгэ хабзэр зэрахузэфIэкIкIэ яхъумэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, нэхъыжьым тхьэмадэ тIысыпIэр ейщ, япэ псалъэр ират, и жыIэм йодаIуэ. ПщIэшхуэ хуащI адэ-анэм. А псоми къихъумащ ахэр илъэси I50-м щIигъукIэ, ноби я бзэр яIурылъу, я гур мыкIуэдауэ дахэу мэпсэу. 
Кфар-Камэ и псэукIэр зэрызэIузэпэщыр щыхьэт тохъуэ зы Iуэхугъуэм – къэралыгъуэр зей журтхэмхэмрэ ди лъэпкъэгъухэмрэ зэгурыIуэрэ лъытэныгъэрэ я зэхуаку дэлъу зэдопсэу. Журтхэми пщIэ къыхуащI адыгэхэм, зэгурыIуэу, зэдэIуэжу, я жылэр зыхуей хуэзэу, къабзэу зэрахьэу зэрыщытым гу лъатэ, абы нэхъри зиужьын папщIэ мылъкукIэ зыкъыщIакъуэ зэпытщ. 
 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: