Дерс щхьэхуэ хухахащ

ЩэкIуэгъуэм и 20-м дуней псом щагъэлъапIэ Сабийхэм я хуитыныгъэм и махуэр. 1959 гъэм, а махуэм ирихьэлIэу «Сабийм и хуитыныгъэм и Декларацэр», 1989 гъэм – «Сабийм и хуитыныгъэм и Конвенцэр» къащтауэ щытащ. 
Сабийхэм я хуитыныгъэр хъумэным и махуэм хухэха дерс зэIухахэр щекIуэкIащ Къармэхьэблэ курыт еджапIэ №2-м. Класс нэхъыщIэхэм щеджэхэм я деж щекIуэкIа дерс зэIухам фIащащ «ПщIэрэ уи хуитыныгъэхэр?» ЦIыкIухэм гурагъэIуащ я хуитыныгъэхэмрэ я къалэнхэмрэ зыхуэдэр. Я гъащIэм, я щхьэм, еджэныгъэм, узыншагъэм теухуауэ яIэ хуитыныгъэхэм тепсэлъыхьащ. Щапхъэхэр къахьурэ гурагъэIуащ балигъхэм къабгъэдэкIыу абыхэм къалъысын хуей гулъытэр зыхуэдэхэр, езы цIыкIухэри хабзэм тету, фIыщIэ ящIу зэрыщытыпхъэр. ИужькIэ егъэджакIуэр зытепсэлъыхьахэр сабийхэм тхылъымпIэм къыщагъэлъагъуэжащ - щхьэж и гупсысэр сурэту ищIащ. 
«Сабийхэм я хуитыныгъэм и махуэ», «Хуитыныгъэхэмрэ къалэнхэмрэ щIапхъэщ», «Хабзэм дытету допсэу», «Ди къэралым и хабзэхэр» фIэщыгъэхэр яIэу дерс зэIухар щекIуэкIащ класс нэхъыжьхэми. ШколакIуэхэм ящIапхъэ-ямыщIапхъэхэм, я хуитыныгъэхэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм, я къалэнхэр зыхуэдэм теухуауэ дерсым куэд къыщащIащ, видео теплъэгъуэхэм ирагъэплъащ, еджакIуэхэм я упщIэхэр зэпкърахащ. 
Iуэхум теухуауэ школым щекIуэкIащ «Хабзэр зыщIэхэр зохьэзохуэ» акъыл зэпеуэр. Абы хэтащ 8-I0 классхэм щеджэхэр. ЕгъэджакIуэхэм щIэщыгъуэу зэхагъэува упщIэхэм жэуап щратым абыхэм акъыл жан къагъэлъэгъуащ. 
 

 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: