Хэкурыс куэдым нэхърэ нэхъыфIу адыгэбзэр ещIэ

Адэжь хэкум къыхуэзышэж гъуэгуанэм адыгэ псалъэ зыбжанэ фIэкIа имыщIэу къытеувэжа адыгэ пщащэщ Берлин Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Къумыкъу Уэхьбий ипхъу Жаней.  Ар 20II гъэм адыгэ псалъэ зыбжанэ фIэкIа имыщIэу Налшык япэу къэкIуауэ щытащ. Абы лъандэрэ Жаней хэкум щеджащ, щыпсэуащ, иджы кIуэж-къэкIуэжу апхуэдэщ.

- Анэдэлъхубзэр апхуэдэу псынщIэу дауэ зэбгъэщIэфат, Жаней?

- Сэ адыгэбзэр си хамэтэкъым, япэрауэ сыадыгэщ, абы нэмыщI, лицейм сыкIуэн хъуху ди унэм сызэрыщыпсэлъар ди анэдэлъхубзэращ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, лицейм кIуэн щIэздза нэужь, а бзэмкIэ псалъэ сримыхьэлIэурэ щIэх сIэщIэхужащ, нэмыцэбзэм сытехьэжащ. Сэ япэ дыдэу хэкум мазэ бжыгъэкIэ сыщыIэну сыкъыщIэкIуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр сыкъызыхэкIа лъэпкъым и бзэр хэкурысхэм хуэдэу къабзэу згъэшэрыуэфу зезгъэсэжынырт, си адэжь лъахэм исхэм я дуней тетыкIэм нэхъ гъунэгъуу нэIуасэ зыхуэсщIынырт, - жеIэ пщащэм.

Ар къехъулIащ Къумыкъухэ я пхъум. Хэкурыс куэд зэхъуэпсэн адыгэбзэщ Берлин щыщ хъыджэбзым Iурылъыр. ИкIи и мурад нэхъыщхьэр къехъулIэн папщIэ, Iэмал гъэщIэгъуэн къигупсысащ. И анэмкIэ и благъэ Щэныбэхэ Бейджанрэ Лейларэ я деж къеблэгъати, а унагъуэм куэдрэ яхэсын идакъым. КъыщIэкIуар бзэр зригъэщIэн, щIалэгъуалэм я зэхэтыкIэр зригъэлъагъун, адыгэхэм я дуней тетыкIэм зыщигъэгъуэзэн щхьэкIэти, студентхэр щыпсэу общежитым Iэпхъуащ. Мис абы щыкIэлъыплъащ хэкурысхэм я щыIэкIэ-псэукIэм, нэхъыбэу и нэр къызыхуикI щIалэгъуалэм я зэхэтыкIэм. Абы къыдэкIуэу, адыгэбзэмрэ литературэмрэ зригъэщIэнымкIэ Жаней сэбэпышхуэ къыхуэхъуащ КъБКъУ-м и егъэджакIуэ Бакъ Зерэ. И мурад нэхъыщхьэр адыгэ Iуэхути, абы хуэгъэпса зы зэхыхьи, концерти, джэгуи, театри блигъэкIакъым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэ псори къиплъыхьащ.

Хэкум зэ нэхъ мыхъуми къигъэзэжыну щIэхъуэпсу дунейм ехыжа ди лъэпкъэгъу куэдым еплъытмэ, Жаней насыпыфIэщ. Гъуэгуанэ кIыхь къызэпичыурэ ар Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэж, бзэр ещIэ, ныбжьэгъу куэд зэригъэпэщащ, адэжь щIыналъэм и IэфIагъыр игъэунэхуащ, хэкурысхэм ябгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым щыщ Iыхьэ езыми зыщIишащ.

А псори насыпу щыIэм я нэхъыщхьэу къэзылъытэ пщащэр къыддэгуэшащ Тхьэм къыхуигъэфэща а хъугъуэфIыгъуэм кърит гурыщIэхэмкIэ.

- Сэ къэрал зэхуэмыдэхэм сыкIуэну, зыщысплъыхьыну, лъэпкъ зэмыщхьэм я щэнхабзэр, хабзэр нэхъ куууэ зэзгъэщIэну, бзэхэр зджыну сфIэфIщ, - жеIэ Жаней. - Апхуэдэу сэ сыщыIащ Америкэм, Австрием, Инджылызым, Франджым, Тыркум. Инджылызыбзэр, нэмыцэбзэр, тыркубзэр, франджыбзэр, иджы адыгэбзэр сощIэ. Зэгуэр сигу ислъхьащ Къэбэрдейм, си адэжь лъахэм, сыкъэкIуэжу пIалъэ гуэркIэ сыщыпсэууэ си дэлъхухэмрэ си шыпхъухэмрэ яIурылъ бзэр сэри зэзгъэщIэну, Налшык дэсхэр ныбжьэгъу къэсщIыну, Урысейм и плIанэпэ цIыкIу куэдым я нэ къызыхуикIыр зэзгъэлъагъуну. Ар сызыхэтхэм щажесIэкIэ, нэбгъузкIэ къысхуеплъэкIырт: «Берлин уикIыу а къуэгъэнапIэ цIыкIум дауэ узэрыщыпсэунур? Налшык къуажэ пхыдза цIыкIу гуэрым ещхьу аращ», - жаIэрт, машинэ къэгъэнауэ, гъуэгу тэмэм щымыIэу, адыгэбзэкIэ зыри щымыпсалъэу зи гугъи яхэтт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, цивилизацэр здынэмыса щIыпIэ гуэр сыкIуэу къысщыхъуу сыкъежьат, ауэ сытми сыхуэхьэзырт, псэр зылъыхъуэр ищIэжырти.

Сыкъэса нэужь, щхъуэкIэплъыкIэ дахэу си нэм къыщIэлындащ Налшык, бзэуэ сщIэр къэзгъэсэбэпми, псалъэкIэ къысхуэIуэтэну хъункъым Iуащхьэмахуэ лъапэ, Шэджэм псыкъелъэхэм, Гуэл щхъуантIэхэм щыслъэгъуа дахагъэр. Ахэр зэзгъэпщэн сиIэщ сэ, Европэм и щIыпIэ куэдым къыщыскIухьащи.

Мухьэжырхэм къащIэхъуа хъыджэбзым и ныбжьыр илъэс 20 зэрырикъур хэкужьым щигъэлъэпIащ абы щыгъуэм. Абы кърита гурыщIэм и IэфIагъымрэ гуапагъэмрэ пщалъэ гуэрым пхуигъэзэгъэнукъым, арагъэнущ и махуэшхуэхэм ящыщу игу нэхъ къинэжари. БалигъыпIэ иува, гупсысэ убзыхуа зиIэ Жаней и лъэпкъэгъухэм, ныбжьэгъухэм яхэтащ, якIэлъыплъащ икIи абыхэм ятеухуа гупсысэ пыухыкIахэр иIэу Берлин игъэзэжащ. Абы лъандэрэ Налшык и унэ етIуанэщ Жаней.

Жаней и адэ Уэхьбий Берлин щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэщ. Абы и бынхэм яхилъхьа адыгагъэр зэрымыкIуэдам и нэщэнэщ пщащэм и дуней тетыкIэр.  

- Си адэмрэ си анэмрэ къызыхэкIахэр Хэкум ирахуу Тыркум Iэпхъуа адыгэхэрщ, - жеIэ абы. – Си анэ Айсэл Щэныбэхэ япхъущ, Нарт и цIэу зы дэлъху сиIэщ. Ди адэр зи тхьэмадэ Берлин Адыгэ Хасэм къалащхьэм дэс адыгэ псори къокIуалIэ, тхьэмахуэм зэ къафэмкIэ, бзэмкIэ дерсхэр диIэщ. УкъызыхэкIар пщIэжу, адыгэгу пкIуэцIылъу, узыхэсхэм фIыкIэ уакъыхэщу  упсэунымкIэ къалэнышхуэ егъэзащIэ а Хасэм. Абы щIапIыкIахэр апхуэдэу есащи, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ зэрызэрахьэным нэхъ иужь итщ, адыгагъэм и купщIэр нэхъ куууэ зыхащIэу къысщохъу хэкурысхэм нэхърэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зи щIыналъэ исыж, зи лъэпкъэгъухэм яхэсыж мы щIалэгъуалэм лъэпкъ Iуэхум хуаIэ бгъэдыхьэкIэр нэхъ къызэрыгуэкIыу гу лъыстащ.

Си адэри си анэри хэкум мызэ-мытIэу щыIащ, абы и дахагъ псори къаплъыхьыну хунэсащ. Иджы сэ ахэр согъэгуфIэ. Налшык щыпсэу куэдым нэхърэ нэхъыфIу адыгэбзэр зэзгъэщIащ!

СызэрегупсысамкIэ, мы сэ си нэгу щIэкIа къомыр Европэм щыпсэухэм нэхъ наIуэу яIэрыхьэу щытамэ, къэкIуэжыну, зыплъыхьакIуэ къэкIуэну хуейхэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэ хъунут.

Къумыкъу Жаней балигъ гъащIэм хэбэкъуа къудейуэ аращ, ауэ абы и зэхэлъыкIэм зыщигъэгъуэзэну хунэсащ, къэрал зэхуэмыдэхэм къыщикIухьурэ, лъэпкъ зэхуэмыдэхэр зригъэцIыхуурэ.

Дэтхэнэ зы лъэпкъым дежкIи фIыгъуэ мылъытэщ мы хъыджэбзым хуэдэ щIэблэр – малъхъэдисым гъущIыр зэриубыдым ещхьу фIыр зыщIэзышэ, гъэбэгъуауэ абыкIэ цIыхухэм яхуэупсэж ныбжьыщIэ псэ къабзэхэр. Жаней хуэдэхэр дызэримымащIэр ди къэкIуэнум фIыкIэ ущызыгъэгугъщ.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: