Тхыдэ щIэныгъэм гъуэгу къыщытехьа бгъэдыхьэкIэщIэхэр

         Аулъэ Мэлыч Мухьэммэд-Iэмин илъэс 180-рэ щрикъум игъэхьэзыра тхыгъэм («Кавказ зауэр: Iуэху еплъык1э зэтемыхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ») къыпыдощэ.

      Мухьэммэд-Iэмин илъэс куэдкIэ дин щIэныгъэ зэригъэгъуэтыным иужь итащ, хьэрыпыбзэми, шэрихьэт хабзэми фIыуэ хищIыкIыу. ЩIалэ дыдэу ар XIX  лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм я кум Щамил и унафэм щIэту екIуэкI щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм хыхьащ. Илъэс 13 фIэкIа имыныбжьу   зэхэуэхэм хэтащ. Адыгэ Хэкум щагъэкIуа 1848 гъэм ар илъэс щэщI ирикъуа    щIалэ губзыгъэт. 

НэIибым и къалэныр ауэ сытми  трагъэхуатэкъым Мухьэммэд–Iэмин. Еджагъэшхуэу,  зауэлI хахуэу, къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу и цIэ Iуат Щамил и лIыкIуэм.

Мухьэммэд-Iэмин  илъэс 14-кIэ игъэзэщIащ Кавказым и Ищхъэрэ-КъухьэпIэ лъэныкъуэм щыпсэу адыгэхэм я щхьэхуитщIыжакIуэ  зэщIэхъееныгъэм и  нэIиб  къалэныр.

            Кавказ Ищхъэрэм дагъыстэнхэми, шэшэнхэми, адыгэхэми, адрей лъэпкъхэми щрагъэкIуэкIа бэнэныгъэм и тхыдэм пэжкIэ дыбгъэдыхьэну дыхуеймэ,  а бэнэныгъэм пашэу хэтахэм  я IуэхущIафэхэм хуэфащэ пщIэ яхуэщIын хуейщ. Бгырыс лъэпкъхэм XIX лIэщIыгъуэм ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэр мытэмэму  къыщIрагъэдз дызэрыт зэманым, ар  Тыркум, Инджылызым, е нэгъуэщI  къэралхэм зэщIагъэстауэ жаIэу.  Щамил Iимамри адрей бгырыс лъэпкъхэм я пашэхэри   Тыркум и агентхэу щыта къудейуэ Багировым иукъуэдия Iуэхур щыуагъэ дыдэу  зэрыщытым  тхыдэ щIэныгъэр и щыхьэтщ.   Мухьэммэд-Iэмин  Адыгэ Хэкум щилэжьахэм хуэфащэ пщIэ хуамыщIу, ахэр цIыхубэм я бий Iуэхугъуэхэу, Тыркум и сэбэп зыхэлъу къалъытэу куэд щIауэ къокIуэкI.  Апхуэдэ щытыкIэм илъэс пщIы    бжыгъэхэм щIигъуауэ итщ   Занокъуэ Сэфарбий и  тхыдэри.

Дызытепсэлъыхь  Iуэхугъуэхэм  революцэм  ипэкIэ  нэхъ  тэмэму бгъэдыхьэрт   иджырей   тхыдэтххэм  я  Iуэху   еплъыкIэм елъытауэ.  Псалъэм папщIэ,  абы  щыгъуэ ятхахэм къыхощ Мухьэммэд-Iэмин Лабэ къыщыщIэдзауэ  Бзыбэ нэсыху ис бгырыс лъэпкъхэр зэкъуигъэувэну къызэрехъулIар.

            Мухьэммэд-Iэмин гуащIэу зыкъыпэщIасэрт адыгэпщхэмрэ уэркъхэмрэ,  демократиер и лъабжьэу Щамил и лIыкIуэм иригъэкIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр  ягу иримыхьу.  Iуэхур нэхъ гугъуж ищIт адыгэ пщы-уэркъхэр мылъкукIи  псалъэкIи зыгъэгушхуэ  Тырку къэралыгъуэм и политикэм. «ПщылIыгъэр зыгъэкIуэдыж, лъэпкърэ лIакъуэкIэ  зэхэгъэж зымыщI,  псори зэхуэзыгъадэ  Мухьэммэд-Iэмин адыгэпщхэмрэ уэркъхэмрэ я пщIэр игъэлъахъшэрт, ардыдэмкIэ къызэрыгуэкI цIыхухэр и лъэныкъуэ къищIырт. Ар и щхьэусыгъуэу джыназхэмрэ уэркъхэмрэ Мухьэммэд-Iэмин бий къыхуалъыхъуэрт»,- дыкъыщоджэ  Кавказ археографическэ комиссэм и актхэм.

Мухьэммэд-Iэмин и фIыщIэщ  Щамил Дагъыстэнымрэ Шэшэнымрэ щиухуа Имаматым и щапхъэр зэрыщыт дыдэм хуэдэу Шэрджэсейм щимыгъэуву, и  ущиякIуэм игъэунэхуахэр Адыгэ Хэкум нэхъ къызэрыщезэгъым  хуэдэу  къызэригъэсэбэпар. 

 Ар адыгэ лъэпкъхэр  къэралыгъуэу зэгуигъэхьэну хэтащ икIи а мурадым лъэIэсын папщIэ зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэри къызэригъэпэщащ.  Езым и унафэм щIэт цIыхубэр  дэтхэнэми унагъуи 100 къызэщIиубыдэу, хьэблэ-хьэблэу  зэпиудри,  хьэблэ къэс Iыхьитху ирищIыкIыжащ.  УнафэщI нэхъыщIэ дыдэхэр  щыхахыр къуажэ зэхуэсырт. Дэтхэнэ хьэблэми суд щыхахат ефэндыр и унафэщIу. Ефэндыр зыгъэувыр шэрихьэт узэщIакIуэу щыт  Мухьэммэд-Iэминт. Псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, литературэм къыхэнащ шэрихьэт хабзэр и лъабжьэу Iуэху нэхъ ткIий дыдэхэми унафэ тращIыхьу зэрыщытам и щапхъэхэр.  Кавказ археографическэ комиссэм и актхэм мыпхуэдэ псалъэхэм уащрохьэлIэ: «Асиялов Мухьэммэд-Iэмин езым и шэрихьэт судымкIэ гъэщIэгъуэну  щабэу  зэгуригъэIуэжыфырт бий зэхуэхъуа лъэпкъ щхьэхуэхэр».

 Мухьэммэд-Iэмин  къэрал лэжьакIуэуи, дзэпщ акъылыфIэуи,  Тыркум, Европэм щыщ къэралхэм я лIыкIуэхэм запызыщIэф дипломат губзыгъэуи щытащ.  Щхьэхуэ-щхьэхуэу зэхэт адыгэ лъэпкъхэр зэгуэгъэхьэнымкIэ, ахэр псори къызэщIэзыубыдэ  унафэм  щIэгъэувэнымкIэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэмкIэ ар XIX лIэщIыгъуэм адыгэ къэралыгъуэ ухуэным гъунэгъу дыдэу бгъэдыхьахэм язщ. 

  Мухьэммэд-Iэминщ Адыгэ Хэкум  зэпымыууэ яIыгъ дзэ, мылъку, Iэщэ, улахуэкIэ ягъэлажьэ къулыкъущIэ гуп  япэу къыщызэзыгъэпэщари,   уIэгъэ хъуахэм, хэкIуэдахэм  я  унагъуэхэм мылъку хухатыкIын хуейуэ утыку къихьэу зыукъуэдияри. Шэрихьэт хабзэкIэ абы зэригъэпэщат  цIыхубэр зэпымыууэ къэзыхъумэн дзэ,  зауэлIхэр къыхыхьэ зэпыту.  ЦIыхубэм зауэлIхэр  зыхэпсэукIын   мылъку   езыхэм  ябгъэдэлъым  дин хабзэкIэ  хагъэкIырт.   

 Шэч хэмылъу, Мухьэммэд-Iэмин иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр  пыупщIауэ зы лъэныкъуэ закъуэкIэ къэбгъэлъэгъуэфынукъым.  Ауэ пцIы зыхэмылъыжращи, Щамил Iимамри Мухьэммэд-Iэмини  хамэ къэралхэм я агенту  щытакъым,  Кавказ лъэпкъхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэм къарурэ зэфIэкIыу яIэр халъхьащ.

  Мухьэммэд-Iэмин и махуэр гъэлъэпIэн зэрыхуейм хуэдэ дыдэу,  шэч хэлъкъым, абы и IуэхущIафэхэм уащыбгъэдэхьэкIэ тхыдэм и хабзэм тетын зэрыхуейм. ЗэфIэгъэувэжын хуейщ Занокъуэ Сэфарбий, Хьэжы-Бэрзэдж сымэ  хуэдэхэм я пщIэри. Адыгэхэр  щыгъуэзэн  хуейщ  ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Дагъыстэн  щIэныгъэ центрым къищта, Дагъыстэн Республикэм и унафэщIхэмрэ щIэныгъэлI  гупышхуэмрэ Iэ зыщIадза тхыгъэм: 

1.    Гонодэ щыщ Мухьэммэд-Iэмин къызэралъхурэ илъэси 180-рэ щрикъу махуэр  къэрал мыхьэнэ ету гъэлъэпIэн.

2.    Махуэшхуэр зыгъэхьэзырын комитет  республикэм къыщызэгъэпэщын.

3.    Щамил Iимамым и IуэхущIэгъу цIэрыIуэу щыта Мухьэммэд-Iэмин и махуэшхуэм хуэгъэхьэзырыным икIи егъэкIуэкIыным къэрал управленэм и органхэр, щэнхабзэм, щIэныгъэхэм я IуэхущIапIэхэр, ВУЗ-хэр, творческэ организацэхэр, общественнэ зэщIэхъееныгъэхэмрэ фондхэмрэ къыхэшэн.

ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа псор къэплъытэмэ, шэч къызытумыхьэжынщ Мухьэммэд-Iэмин къыщалъхуа  махуэр Кавказ псом щыгъэлъэпIэн хуей цIыхушхуэу зэрыщытар.

                                                                                                 

 

Аулъэ Мэлыч, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Бжьэдыгъухьэблэ (Краснодар), 1999 гъэ.
Поделиться:

Читать также: