Къэбэрдей уэркъхэр - Польшэм

XVI лIэщIыгъуэм Польшэм къэбэрдей уэркъитху зэрыкIуэгъамрэ иужькIэ абыхэм я щхьэ кърикIуамрэ теухуа лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкIыр лыхь (поляк) тхыдэтх Крушнински Мартинщ. А псалъэмакъым къыпещэ Германием къикIыжа, Мейкъуапэ щыпсэу еджагъэшхуэ Едыдж Батырай.

Дэ жытIэркъым мыбы къыщыхьа Iуэхугъуэхэр, цIэ-унэцIэхэр, лъэхъэнэр, нэгъуэщIхэри тэмэм дыдэу къэгъэлъэгъуа хъуауэ. Ахэр зэхэзыгъэкIыпхъэр тхыдэтххэрщ. Ауэ тхыгъэр лъэпкъ тхыдэм ехьэлIауэ зэрыщытри, абы лыхь щIэныгъэлI зэрытетхыхьари гъэщIэгъуэнщ, ди гугъэщ ди щIэджыкIакIуэхэми ар щIэщыгъуэ ящыхъуну.

Польшэм и щIыналъэр псэупIэ зыхуэхъуа уэркъ щIалитхур Кавказ Ищхъэрэм къикIат, нэхъ тэмэмыIуэу жыпIэмэ, Псыжьрэ Тэрчрэ я зэхуаку дэлъ лъахэм. Мы щIыпIэм тэтэрхэр БештаукIэ, урысхэр ПятигорсккIэ йоджэ, ауэ и пэжыпIэр пщIэну ухуеймэ, абы и цIэр Къэбэрдейщ. Къэбэрдей, беслъэней адыгэхэрщ а лъахэм щыпсэур.

XV-XVII лIэщIыгъуэхэм Къэбэрдейр къэралыгъуэ щхьэхуиту щытащ. А къэралым Урысейм исхэр ЧеркесиекIэ (ШэрджэскIэ), лыхьхэмрэ литвинхэмрэ ПятиршкикIэ еджэрт. Къэбэрдеймрэ Кърымымрэ быдагъэ яку дэлъащ – зыр къииныгъэ хэхуэмэ, адрейр къыщхьэщыжырт. ЩыIащ зэгурымыIуэныгъэхэри.

Къэбэрдейр Урысейм и жыIэ щыщIэхуа 1555 - 1560 гъэхэм къриубыдэу Украинэм и пащтыхьыкъуэ Вишневецкий Дмитрий урысхэр и гъусэу тэтэрхэм езэуащ. Илъэсищэ хуэдиз дэкIауэ Польшэм и пащтыхь хъуа Вишневецкий - Корбут Михаил и адэшхуэщ Дмитрий. А зэманым Польшэри, Украинэри, Беларусри, Литвари зы къэралыгъуэу зэхэтащ. Дмитрий Запорожьем щыпсэу къэзакъхэр къызэщIиIэтэри, тэтэрхэм удын хьэлъэ иридзыгъащ, езыми лIыгъэшхуэ къигъэлъэгъуащ.

Зауэ нэужьым Иван ЕплIанэм (Шынагъуэм) Дмитрий Къэбэрдейм лIыкIуэу игъэкIуащ. Къэзакъ куэд абы щыгъуэ а щIыналъэм здишауэ щытащ дзэпщым. Адыгэхэм ягурыIуэу, я Iуэху дэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуу Дмитрий илъэс зыбжанэкIэ абыхэм яхэсащ. ЦIэрэ щхьэрэ зиIэ бгырыс куэди и лъэныкъуэ къищIыфащ, и дзэми хигъэхьащ.

1561 гъэм Иван ЕплIанэр Польшэм щытеуэм, Дмитрий афIэкIа Урысейм къулыкъу хуищIэн идэжакъым икIи и хэкур ихъумэжыну Къэбэрдейм игъэзэжащ. Абы игъэгубжьащ урыс пащтыхьыр. «Дмитрий хьэм хуэдэу къакIуэри, хьэм хуэдэуи кIуэжащ», - аращ Иван ЕплIанэм жиIауэ яIуэтэжыр.

Ауэ Дмитрий и сэбэпынагъ ин и хэкуэгъухэм яригъэкIыфакъым. Ар Бессарабием щаубыдри, Истамбыл гъэру ирагъэшащ. Тыркухэмрэ кърым тэтэрхэмрэ зэрезауэм папщIэ а къалэм ар щхьэпылъэ щащIащ.

Дмитрий хэкум зэригъэзэжрэ мазих нэхъ дэмыкIауэ, къэбэрдей уэркъ щIалэ зыбжанэ Польшэм кIуэну ежьащ, Къэбэрдейм урысыдзэр игъэкъэбзыкIыжынымкIэ щIэгъэкъуэн къахуэхъуну елъэIуну, лыхьхэм я гъусэу къулыкъу ящIэну. Урыс пащтыхьым ар щызэхихым, унафэ ищIащ «жыIэмыдаIуэ лъэпкъым» къыхэкIа лIыкIуэхэр яукIыну.

Польшэм и пащтыхьыр гуапэу къаIущIащ адыгэхэм, тыгъэ лъапIэхэри къахуищIащ. 1562 гъэм къэбэрдей уэркъитхур, я унагъуэхэмрэ зауэлI 300-рэ я гъусэу, а къэралым къызэрыкIуэгъар щIэныгъэлIхэм ятхыжащ. Адыгэхэми хуабжьу ягу ирихьащ лыхьхэм зэрырагъэблэгъар. Дэфтэр тхыгъэжьхэм зэритымкIэ, мыхэращ, а зэманым Польшэм кIуа къэбэрдей уэркъхэр:

  1. Черкасский Къамбулэт и къуэ Къасым;
  2. Черкасский Къамбулэт и къуэ Гаврилэ;
  3. Анчокъуэ Къудэнэт и къуэ Александр (Темрыкъуэпщым и благъэщ);
  4. Сэлджий;
  5. Черкасский Цымкъуэ и къуэ Темрыкъуэ.

Иван ЕплIанэр щIегъуэжат е нэгъуэщI мурад гуэр ищIат, сытми адыгэ щIалэхэм ягъэзэжыну къелъэIуу Клобуков Алексей лIыкIуэ къахуищIащ, ауэ мыдрейхэм ар ядакъым. Адыгэ щIалэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ католик диныр къащтагъэххэт.

Сэлджийрэ Темрыкъуэрэ Польшэм и дзэм хэту зэхаша шэрджэс зауэлIхэм пашэ хуащIащ. Абыхэм зэрахьа я лIыгъэм теухуа дэфтэрхэр щыIэщ. Псом хуэмыдэу куэд тратхыхьащ Темрыкъуэ.

1572 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м Бессарабием и щIыналъэм Тыркумрэ Польшэмрэ я дзэхэр щызэпэщIэуващ. А зауэм лыхьхэр къыщыхагъащIэри кърахужьэжат. Ауэ Темрыкъуэ и зауэлIхэр къахуикIуэтакъым, къебгъэрыкIуэ бийр абыхэм къызэтрагъэувыIэгъащ. Лыхьхэм заугъуеижыху, Темрыкъуэ и шууейхэм тыркухэр зэтраIыгъащ.

Польшэм и пащтыхьым пщIэшхуэ къыхуищIыжащ Темрыкъуэ: ар лыхь аристократхэм я бжыгъэм хитхащ, Подольем щIышхуэ, унэ-лъапсэ иту, къыщритащ. Апхуэдэурэ Подольем итIысхьа къэбэрдейхэм заубгъуащ. Хэкум къикIыурэ абыхэм зауэлI куэд къахэхъуащ. Илъэс зыбжанэм къриубыдэу адыгэдзэр Польшэм и дзэм ефIэкI хъуат. Бгырыс хъыжьэхэр хуэщIауэ а щIыпIэм щыпсэуащ 1785 гъэм къэсыху.

А илъэсым Подольер Урысейм, Пруссием, Австрием зэхуагуэшыжащ. Польшэм и дзэм адыгэ зауэлIу хэтыр нэхъ мащIэ хъууэ хуожьэ. ИужькIэ украинхэмрэ тэтэрхэмрэ къебэкI мэхъу. Ауэ зэуэкIэ хабзэр, зауэлI зэхущытыкIэр, шы гъэсэкIэр къэбэрдейхэм ейм къытенэжащ.

Къэбэрдей уэркъитхумрэ адрей зауэлIхэмрэ я щIэблэр зыхэс лъэпкъым хуэм-хуэмурэ хэшыпсыхьыжащ. Урысейм Украинэр иубыда нэужь, афIэкIа Подольем къина адыгэхэм я хъыбар къэIужакъым.

Иджырей лыхь тхыдэтххэм къалъытэ курыт лIэщIыгъуэхэм я зэманым къэбэрдей зауэлIхэм Польшэм и дзэм зэхъуэкIыныгъэ щхьэпэхэр хуащIауэ, зауэ тактикэм зрагъэужьауэ.

 

Едыдж Батырай, философие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик. Мейкъуапэ къалэ.
Поделиться: