Япэ махуэм къыщыхожаныкIЕкатеринбург къалэм щызэхэтащ Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы и медалхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 65-м икIа, зи ныбжьыр илъэс 21-рэ иримыкъуа спортсмен 625-рэ. Зэхьэзэхуэм и япэ махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм медалищ зыIэрагъэхьащ. Зи хьэлъагъыр килограмм 81-м нэблагъэ Байсиев Таулан щыбэна гупым дыжьын медалыр къыщихьащ. Ещанэ увыпIэхэр яубыдащ Къуныжь Роланрэ (кг 81-м нэблагъэ) Мырзэбэч Ильясрэ (кг 90-м нэблагъэ). Спортсменхэр ягъасэ Махуэ Олегрэ Джэданэ Залымрэ.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|