Кавказ Псы Хущхъуэхэмрэ къэбэрдей адыгэхэмрэ

Кавказ Псы Хущхъуэхэр илъэс 225-рэ щрикъу махуэм ирихьэлIэу, къэбэрдей адыгэхэр къызыхэщ дэфтэр гъэщIэгъуэн утыку къыщрахьащ «КоммерсантЪ» газетым. Петуховэ Аннэ дигу къегъэкIыж Урысейм япэ зыгъэпсэхупIэхэр къыщызэIуахауэ зэрыщытар.

XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм Кавказ Псы Хущхъуэхэр, иужькIэ Минводы цIэр зыгъуэта къалэр, Урысейм и мызакъуэу, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ зыгъэпсэхупIэ хъуакIэт. Уеблэмэ «урысей курорт щIэныгъэр» 1916 гъэ пщIондэ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм и нэIэ щIэту къекIуэкIащ. Кавказ Псы Хущхъуэхэр Урысейм и курортыжьхэм язщ. Мыбдежым и закъуэ псы хущхъуэ лIэужьыгъуэ 13-рэ уз пхэзыш ятIэрэ щIым къыщеутIыпщ.

Константиногорск (иджы - Псыхуабэ) быдапIэм пэгъунэгъу псы хущхъуэхэм ефэурэ я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэну япэу къэкIуа цIыхухэр Мэшыкъуэ и лъапэм деж щыщалъэгъуар 1796 гъэрщ. Ауэ 1780 гъэм щыщIэдзауэ, мыбдежым зыщагъэпсэхурт офицер сымаджэхэмрэ сэлэтхэмрэ.

 Медицинэм и тхыдэджхэм зэратхымкIэ, а зыгъэпсэхупIэм и къежьапIэр I803 гъэм хуэпхь хъунущ. Абы щыгъуэщ Александр Езанэм и унафэу «Кавказ Псы Хущхъуэхэр къэрал мыхьэнэ зиIэ, цIыхум щеIэзэ щIыпIэу къэлъытэн» жыхуиIэр къыдэкIауэ щыщытар.

ИпэжыпIэкIэ, апхуэдэ дэфтэр щыIэкъым. ЗэрыжаIэмкIэ, а зэманым Куржым и губернатору щыта генерал Цициановымрэ Александр Езанэмрэ тхыгъэ гуэрхэр зэIэпахати, иужькIэ къащтэжа хабзэм ипкъ иткIэ, императорым генералым хуитхахэм «пащтыхь унафэ» фIащыжащ.

1803 гъэм джыназ Цициановым императорым мыпхуэдэ рапорт хурегъэхь: «Константиногорск быдапIэм верст щэщIкIэ нэхърэ нэхъ пэмыжыжыжьэу Кавказ Линием и гъунапкъэм уфIэкIмэ, псы къабзэ къыщыщIэж псыкъуий иIэщ. Абы щыщ зыIухуа сымаджэхэм псым и сэбэпынагъышхуэ къокI. Хущхъуэ папщIэу а псым щыщ ирафын папщIэ, империем и цIыху зэкIэлъыкIуэхэр мыбы гъэмахуэм къакIуэурэ, а щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэр зрахьэлIэ. Абы гу лъатауэ, псы хущхъуэ къызыщIэж псынэхэр зи щIым тет къэбэрдей адыгэхэм, ягу фIы зэримылъ къудейм къыхэкIыу, ахэр иратхъуэжыну хуожьэ, мывэхэр тракIутэ, зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэр щIэсын щхьэкIэ абдежым щаухуэ псэупIэхэр зэтракъутэ, къекIуалIэ цIыхухэр зыщагъэшынэ. А псом къыхэкIыу, проект зэхэзгъэуващ, зи гугъу сщIы псынэм и хъуреягъкIэ быдапIэхэр езгъэувэкIын си мураду, сымаджэхэмрэ ахэр щыпсэу унэхэмрэ хъума хъун папщIэ. Зи ЩIыхьыр Иным ар къызэрыпщыхъур къэсщIэну си гуапэу ныпхузогъэхь. Абы дыщIызгъуну сыхуейщ псы гуащIэхэм я хъуреягъкIэ быдапIэ гъэувын хуейуэ къызэрызмылъытэр, ахэр зи щIым хиубыдэ къэбэрдей адыгэхэм абыкIэ зэIэзэжын хуитыныгъэр къатетхыу къащымыхъун щхьэкIэ».

Мэлыжьыхьым и 24-м императорым Цициановым хуетхыж: «Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министрым ныпIэригъэхьэнщ Къэралым и медицинэ коллегием Кавказ Псы Хущхъуэхэм ятеухуауэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр. Абы елъытауэ, абдежым щагъэувыпхъэ ухуэныгъэхэр зыхуэдэнури гурыIуэгъуэ хъунщ.

 Уэ къысхуебгъэхьа тхыгъэм ипкъ иткIэ, Константиногорск быдапIэм верст 30-кIэ пэIэщIэ псы хущхъуэхэм я зым и гъунэгъуу ухуэныгъэ гуащIыхьыну гъатхэпэм и 7-м унафэ къэсщтакIэщ, щIыпIэм зыщызыгъэхъужхэм яхуэщхьэпэн хуэдэу. Абы мылъкуу текIуэдэнур къыубжрэ хъыбар къэзбгъащIэмэ, ахъшэу хуэзэр къэрал хъарзыналъэм къыхэдгъэкIынщ.

 Медицинэ коллегием къыбгъэдэкIыу, зы дохутырыфIрэ дэIэпыкъуэгъурэ нэдгъэкIуэну ди мурадщ а щIыпIэм. Кавказ Линием щыщ сэлэтхэр абдежым егъэтIысэкIын хуейуэ жыпIэмэ, уэ пщIы унафэмкIэ сыарэзыщ. Ауэ къэбэрдей адыгэхэм я дежи ахэр дгъэкIуэн-дымыгъэкIуэныр зэлъытар щIыпIэм и щытыкIэращ, абы теухуауи уи Iуэху еплъыкIэм сыпэплъэнщ».

 Александр Езанэм къыщIэна а тхыгъэращ иужькIэ «Унафэшхуэ» фIащыжу, Кавказ Псы Хущхъуэхэм я «щыхьэт тхылъу» къалъытари, урысей курорт щIэныгъэм и къежьапIэу къащтари.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: