«Шордакъыжь» бгы лъапэм

Тхыдэм и напэкIуэцIхэр

1920 - 1930 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ республикэм и жылэ нэхъ инхэм цIыхухэр дагъэIэпхъукIыурэ къуажэ нэхъ цIыкIухэр ягъэтIысу щIадзащ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр щекIуэкIащ Сэрмакъ къуажэми. Къапэщылъ гугъуехьхэм щымышынэу Сэрмакъ япэ дыдэ къыдэкIахэм ящыщщ Жырыкъ Елмырзэ, Куэцэ Хьэмаш, Хьэтэжьыкъуэхэ Цунэрэ Хьэжджэрийрэ, Быгуэ Алихъан, ХъуэкIуэн Лэкъумэн, Джатэхэ Лалэрэ Уэсмэнрэ. 1925 гъэм ахэр тIысащ «Шордакъыжь» жыхуаIэ бгы лъапэм и деж. Хуэмурэ цIыху нэхъыбэ къэIэпхъуэурэ къагъэунэхуащ Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Шордакъ къуажэр.
Абы лъандэрэ зэманыфI блэкIащ. ЩIы нэщIым щитIысыкIа жылэм лъэныкъуэ куэдкIэ зиужьащ, IуэхущIафэхэмкIи щыпсэу цIыхухэмкIи къулей хъуащ. Къуажэр къызэрыунэхурэ унафэщI куэди иIащ. Нобэ абы и пашэщ Жырыкъ Ашэмэз. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ, зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ щIалэр къуажэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным гукIи псэкIи толажьэ. Къуажэ администрацэм и Iэтащхьэу зэрылажьэрэ илъэситI фIэкIа мыхъуами, Ашэмэз хуэнабдзэгубдзаплъэщ жылэм фIы и лъэныкъуэкIэ зиужьыным, абы и цIэр фIыкIэ Iуным. Сыт хуэдэ унафэ ищIынуми, Iуэху иублэнуми, Ашэмэз къуажэм дэс нэхъыжьыфIхэр зэхуешэсри, абыхэм я Iуэху еплъыкIэм йодаIуэ, йочэнджэщ. 
ЩIалэгъуалэри гулъытэншэ щыхъуркъым къуажэм. ЩIэблэр спортым драгъэхьэх, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхалъхьэ. Жылэр къабзэу зехьэным, абы и уэрамхэм екIуу уаIуплъэнми хуосакъ къуажэ унафэщIхэр. Абы щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ а Iуэхум епха щэбэт щIыхьэхухэр. 
Жылэ щхьэхуэу зэрытIысрэ илъэси 100 хъуа ди къуажэм зеужь, йофIакIуэ, и хъабыфIхэр жыжьэ мэIу. 

  

 

ТЭТРОКЪУЭ Аминэ.
Поделиться: