Гъубж БетIал Урысейм и командэ къыхэхар хуагъэфащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Па­уэр­­лиф­тингымкIэ, мас-рес­т­лингымрэ сумомкIэ и федерацэм и президент Гъубж БетIал Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и етIуанэ гупым и тренеру ягъэуващ. 

БетIал 1992 гъэм бадзэ­уэгъуэм­ и 13-м Налшык къалэм къыщалъхуащ. 2009 гъэм Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм дэт курыт еджапIэ ­№30-р къиухащ. Школым щы­щIэс илъэсхэм IэпщэрызауэмкIэ, футболымкIэ, нэхъ иужьы­IуэкIэ пауэрлифтингымкIэ зигъасэу щытащ. Курыт еджапIэ нэужьым УФ-м и МВД-м и еджапIэ нэхъыщхьэм и юридическэ факультетым щIэтIыс­хьащ. 2016­ гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым фи­зическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и факультетым и магистратурэр къиухащ. 
Гъубжым и тренер лэжьыгъэм щIидзащ пауэрлифтингымкIэ япэ мастер зэхьэзэхуэм щытекIуа нэужь. БетIал и япэ гъэсэну щытащ и къуэш нэхъыщIэ Гъубж Iэдэм. Илъэс ­15-м иту ар пауэрлифтингымкIэ ныбжьыщIэхэм я дунейпсо чемпион хъуащ икIи «спортым и мастер» цIэр къыфIащащ. 
2010 гъэм къыщыщIэдзауэ Гъубж БетIал «Элита» класс зиIэ 1 спортсмен, Спортым щIыхь­ зиIэ и мастеру 1, дунейпсо класс зиIэ спортым и мастеру 6, спортым и мастеру 38-рэ, спортым и мастерым и кандидату 42-рэ игъэхьэзыращ. 
2020 гъэм Гъубжым и нэIэ щIэту япэ дыдэу къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым сумомкIэ и командэ къыхэхар икIи Урысей Федерацэм и чемпионатым хэтащ. 
Гъубж БетIал Къэбэрдей-­Балъкъэрым пауэрлифтингымкIэ, мас-рестлингырэ сумомкIэ и федерацэм и япэ президентщ. 
2020 гъэм фокIадэм и 30-м Урысей Федерацэм спортымкIэ и министр Матыцин Олег и уна­фэкIэ Гъубжым къыхуагъэфэщащ мас-рестлингымкIэ «Уры­сейпсо категорие зиIэ судья» дамыгъэр. 2021 гъэм и мазаем БетIал къратащ «мас-рестлингымкIэ категорие нэхъыщхьэ зиIэ тренер» цIэ лъапIэр. 
2021 гъэм и дыгъэгъазэм къыщыщIэдзауэ Гъубж БетIал  мас-рестлингымкIэ Урысей ­Федерацэм и етIуанэ командэ къыхэхам и тренер нэхъыщ­хьэщ. 

 

Жыласэ Замир.
Поделиться:

Читать также: