Псапэ зыщIэхэм я мылъкур мэбагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яIущIащ «Iуэху гуапэхэм я фондым» хэт хьэрычэтыщIэхэм. 

- Гулъытэ ялъывогъэс псом хуэ­мыдэу абы хуэныкъуэхэм. Зи узын­шагъэ зэфIэгъэувэжын хуейхэм, сомыншагъэм и гугъуехь зытелъхэм куэдрэ защIэвгъэкъуащ фи Iуэхур къызэрыунэхурэ. Иужьрей илъэситIыр хьэлъэу екIуэкIащ, узыфэ зэры­цIалэм цIыхухэр зэхэзедзэн ищIащ. Абы щыгъуэми зи унэ екIуэлIэжыну Iэмал зимыIэ дохутырхэм сэбэп фахуэхъуну гукъэкI фщIащ, узым зэ­рызыщахъумэ Iэмэпсымэхэр, ерыскъыхэр яхуевгъэшащ. ЦIыхухэм ­факъуоувэ, фадоIэпыкъу, щытыкIэ гугъум къывош! «Тхьэм фигъэпсэу!» вжызоIэ, - захуигъэзащ Iэтащхьэм къеблэгъахэм. 
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я гъэтIылъыгъэ фондым теухуауэ къэпсэлъащ Прави­тельствэм и УнафэщI Мусуков Алий. Фондым щахъумэ мылъкур трагъэ­кIуадэ хуэмыщIауэ псэухэм, щытыкIэ гугъум итхэм, зи узыншагъэр екIэ­кIуахэм. ЦIыхухэм зыкъызэрыхуа­гъазэ щхьэусыгъуэм елъы­тауэ, ядоIэпыкъу.
- Илъэс къэс апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэхэм хухэтхырт сом мелуан 30-м щIигъу. Мы гъэм фондым и мылъкум хэдгъэхъуащ икIи сом мелуан 65-м нэдгъэсащ, - жиIащ Мусуковым. 
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ хьэрычэт Iуэхум техуэ налогыр республикэм и мылъкум хэлъхьэныгъэ зэрыхуэхъур. 
- Республикэм и бюджетыр сом меларди 6-кIэ нэхъыбэ зэрыхъуам теу­хуа дэфтэрыр Парламентым едгъэ­хьащ дыгъуасэ. Худэчых зиIэхэм да­зэрыдэIэпыкъу мылъкум сом мелуан 200-кIэ хэдгъэхъуащ. Илъэс кIуам диIам нэхърэ ар проценти 142-кIэ нэхъыбэщ. А дэIэпыкъуныгъэр сом ­мелуани 180-кIэ ежьауэ щытащ, нобэ сом мелуан 608-рэ мэхъу, - жиIащ Правительствэм и УнафэщIым. 
КъБР-м и Iэтащхьэм зэIущIэм щIэс­хэм ягу къигъэкIыжащ лышх узыфэр зыпкърыт Иванько Димэ хущхъуэ ­уасэу сом мелуанрэ мин 600-рэ иритыну иджыблагъэ зэрыжиIар:

- Ар жысIа нэужь, щIалэ цIыкIум и анэр къэп­салъэри жиIащ сымаджэ хъуам траха теленэтыным и сэбэпкIэ, къыхахыну къабжа мылъкур зэрыри­къуар. Апхуэдэу щыхъуакIэ, си унагъуэм и хэхъуэм къыхэкIа мылъкур щIалэ цIыкIум естыну щыжысIакIэ, а ахъшэр «Iуэху гуапэхэм я фондым» нэзгъэкIуэнущ, сабийм и узыншагъэр зэтегъэувэжынымкIэ хуэ­ныкъуэ хъумэ, Iэрыдгъэхьэн хуэдэу, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 
«Iуэху гуапэхэм я фондым» и кIэлъыплъакIуэ советым и секретарь Iэхъуэбэч Андзор фондыр къы­зэрыунэхуам, илэжьхэм тепсэлъыхьащ. 
- 2020 гъэм мэлыжьыхьым къэунэхуащ фондыр. Республикэм и Iэтащхьэм гупсысэр къыхилъхьэри, хьэрычэт инымрэ курытымрэ хэтхэм я мылъкукIэ къызэрагъэпэщащ. ПIалъэ кIэщIым къриубдэу ­фондым къыхэхъуащ икIи псапэ Iуэхухэм ятригуэшащ сом мелуан 47-рэ. Япэу фондым къихъуа сом мелуани 6-р хухэтхауэ щытащ узыфэ зэрыцIалэм пэщIэт дохутырхэм: коронавирусым зэрызыщахъу­мэ фэилъхьэгъуэхэр, нэкIуIулъхьэхэр, Iэлъэхэр яхуэт­шащ. Узыфэм унэм щIиубыдат цIыху куэд. Сом мелуан 16 и уасэ ерыскъыхэкI къэтщэхури, хуэны­къуэхэм яIэрыдгъэхьащ. Симеон Столпник и члисэм екIуалIэхэм сом мелуан дэIэпыкъуныгъэу еттащ, - жиIащ абы. 
Iэхъуэбэч Андзор къыхигъэщащ республикэм и ­Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек фондым захуигъазэу, хущхъуэ лъапIэ дыдэ кърыращэхун папщIэ мылъку зыхузэхуахьэса Нэгъуей Iэдэм цIыкIу и Iуэхум сом мелуан 20 зэрыхилъхьар. 
Къэпсэлъам жиIащ фондыр зэрыщыIэ зэманым къриубыдэу ахъшэ IэкIэ зэи зэрызэIэпамыхар. Iуэхуу ялэжьар банк IуэхутхьэбзэкIэ зэфIагъэкIащ, дэтхэ­нэми щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр, чекхэр щIыгъущ. Апхуэдэуи къыхигъэщащ фондым мылъку хэзылъ­хьа хьэрычэтыщIэхэм я цIэхэр къамыгъэлъагъуэмэ нэхъ къызэращтар, сыту жыпIэмэ, ар псапэ Iуэхущ. 
- Фондым Iуэху хъарзынэхэр зэфIигъэкIащ. Иджы­ри ди мурадщ зыхуэдгъэувыжа къалэнхэм дытету, хуэныкъуэхэм зэрыхъукIэ защIэдгъакъуэу дыщыIэну, - жиIащ абы. 
ХьэрычэтыщIэ-псапащIэхэм фIыщIэ яхуищIащ КIуэкIуэ Казбек. Зэчэнджэщу, зыгъэпIейтейхэмкIэ зэдэгуашэу зэдэлэжьэнуи зэригуапэр жиIащ. 
КъБР-м и Iэтащхьэм я цIэ къриIуащ республикэм щыIэ волонтёр ныбжьыщIэхэми: 
- ФIыщIэ яхузощI гудзакъэ зиIэ, псапэ зыщIэ щIалэгъуалэм. Абыхэм хуэныкъуэхэм ахъшэкIэ зыщIагъакъуэркъым, атIэ хэкIыпIэрэ Iэмалу щыIэхэр ­къагъуэт, гупсысэу зрагъасэ. Ди волонтёр ныбжьы­щIэхэрщ къыхэзылъхьар иджыблагъэ ежьа «Хъуэп­сапIэхэм я псей» Iуэхур.
КIуэкIуэ Казбек «Iуэху гуапэхэм я фондым» хэтхэм яжриIащ зэIущIэ нэужьым, цIыкIухэм я хъуэпсапIэхэр зратха письмо зэпэщимэхэм щыщ псейм къыфIахрэ, ИлъэсыщIэ къэблагъэм сабий ягъэгуфIэмэ зэригуапэр. 

 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: