КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видео­конференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м и вице-премьер Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIа, Правитель­ствэм щIыналъэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэм. Къы­зэхуэсахэр абы щы­тепсэлъыхьащ «Псэу­пIэ­хэмрэ къалэ гъащIэмрэ» лъэпкъ проектыр гъэ­зэщIа зэры­хъум. 

ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Хуснуллин Марат жи­Iащ 2021 гъэм и кIэм псэупIэ ухуэныгъэхэм зэрызаубгъуар, федеральнэ бюджетым абы ­хухигъэкIа мылъкур мыхьэнэ иIэу къызэрагъэщхьэпэр, къалэшхуэхэм я гъуэгухэр зыхуа­гъэувыжа пIалъэм и пэ къихуэу зытетыпхъэ ­мардэм зэрынагъэсар. Хуснуллиным къыхигъэщащ ухуэныгъэхэр нэхъ лъапIэ зэрыхъур Iуэхур зылъахъэ щхьэусыгъуэхэм я нэхъыщхьэу зэры­щытыр. Абыхэм ящыщщ дуней псом ахъшэм и уасэм зэрыщыкIэрыхур, лэжьыгъэм ира­хьэ­лIэхэр нэхъ лъапIэ зэрыхъуар, ахэр къыщыщIагъэкI IуэхущIапIэ куэд пандемием и зэранкIэ зэ­рымылажьэр, узыхуейр зы щIыпIэм ипшу адрейм и чэзум нэбгъэсынри тыншу зэрыщымытыр. 
ЗэIущIэм къыщыпсэлъахэщ Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Чернышенкэ Дмитрий, ухуэ­ныгъэ Iуэхухэмрэ ЖКХ-мкIэ министр Файзуллин Ирек, экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министр Галкин Сергей, щIыналъэ унафэщIхэр. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым дызэрыт илъэсым къриубыдэу щатыну я мурадщ псори зэхэту ­метр зэб­гъузэнатIэ 513-м нэс псэупIэ. ЩIы­шы­лэмрэ щэкIуэгъуэмрэ я зэхуакум псори зэхэту ята псэу­пIэхэм къызэщIаубыдэ метр зэбгъузэнатIэу 429,6-рэ. Ар блэкIа илъэсым еплъытмэ, проценти 105,8-м нос. Ухуэныгъэ езыгъэ­кIуэкI Iуэху­щIапIэхэм унэ 32-рэ зэфIагъэуващ. 2022 гъэм ятыну загъэхьэзыр метр зэбгъузэнатIэ 530-рэ хъу псэупIэхэр. 
2022 гъэми пащэнущ псэупIэщIэхэм я инфраструктурэм зезыгъэужь ухуэныгъэ лэжьыгъэ­хэм. Республикэм и бюджетым щыщу сом мел­уан 50-м ­щIигъу хухагъэкIащ Налшык хыхьэ ­Искож хьэблэм и гъуэгухэр зэрагъэпэщыжын щIадзэн ипэкIэ егъэкIуэкIыпхъэ инженер лэжьыгъэхэм. 
2022 гъэм Налшык къалэ и КъуэкIыпIэ лъэны­къуэм хыхьэ унэхэр псыкIэ къызэзыгъэпэщыну ­къудамэхэм зыщрагъэукъуэдииным сом мелуан 570-рэ хуаутIыпщынущ. Апхуэдэу инфраструктурэм зыщIагъакъуэмэ, 2025 гъэм ирихьэлIэу КъуэкIыпIэ лъэныкъуэм псэупIэу метр зэбгъузэнатIи 170-м нэ­сым зыщрагъэукъуэдиифынущ. 
Федеральнэ бюджетым къыхэкIыу дызыхуэ­кIуэ илъэсым сом мелуани 198-м щIигъу трагъэкIуэдэнущ уней псэупIэхэр щаухуэ Налшык къалэ хыхьэ ­Белая Речкэ къуажэм щыщ Эркин Сёзен щIыпIэм и псы ижыпIэхэм. 
2023 гъэм Мыщхъыдж хьэблэм псы зэрыкIуэну ­инженер ухуэныгъэхэмрэ псы ижыпIэхэмрэ трагъэкIуэдэну я мурадщ сом мелуани 128-м щIигъу, Хьэсэней и щIыбагъым щаухуэ уней псэупIэхэм ­хуаутIыпщынущ сом мелуан 58-м щIигъу. 
2024 гъэм псыр зэрыкIуэ инженер ухуэныгъэхэм-рэ псы ижыпIэхэмрэ щIыным щелэжьынущ «Дуб­ки-07», «Сосрыкъуэ» хьэблэхэм, абы трагъэкIуэдэнущ сом мелуан 95-м нэс. 

Поделиться: