КъэкIуэну илъэсым и бюджетым къыщIагъу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэ­кIуэкIащ илъэс дызыхуэкIуэм республикэм и бюд­жетыр зыхуэдэнур щызэпкъраха зэIущIэ.

Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и ми­нистр Езауэ Анзор.
Зэхыхьэм къызэрыщыхагъэщамкIэ, КъБР-м и ­Парламентым япэщIыкIэ къыщыхалъхьар респуб­ликэм и бюджетыр илъэс къакIуэм сом мелард 46-рэ хъууэ зэрыщытынум теухуа проектырт, абы япэ ­къеджэгъуэуи хэплъакIэт. 2022 гъэм и республикэ бюджетым теухуа законым и проекту етIуанэ къе­джэгъуэу мыгувэу зыхэплъэнум къыхалъытэжащ къэрал бюджетым щыщу дызэрыт илъэсым и щэ­кIуэгъуэ мазэм щIыналъэм къыхущIагъужа мылъкури. Мусуков Алий зэрыжиIамкIэ, илъэс къакIуэм и ­бюджет зэхалъхьэр сом мелард 52-м щIигъунущ, школхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэу­нэтIа къэрал программэу мы зэманым зэхалъхьэм ипкъ иткIэ къратыну мылъкур хэмыту. А программэм хагъэхьэну я мурадщ илъэситI гъунэгъум курыт школ 50 республикэм щызэрагъэпэщыжыным ехьэлIа лэ­жьыгъэхэр.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ хущхъуэ пщIэншэу иратыну хуитыныгъэ зиIэхэм ахэр яIэрыгъэхьэныр цIыхухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэн нэхъыщхьэхэм зэращыщыр. 2022 гъэм и щIыналъэ ­бюджетым абы трагъэкIуэдэн папщIэ щаубзыхуа сом мелуан 400-м нэмыщI, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ­Iэтащхьэм пщэрылъ зэращищIам ипкъ иткIэ, абы ­хухахынущ иджыри сом мелуан 200, илъэсым къриубыдэуи а мылъкум иджыри сом мелуан 73-рэ ­халъхьэну я мурадщ.
Бюджетым теухуа законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным щытепсэлъыхьым я лъым фошыгъуу хэлъыр зэпымыууэ къызэрапщытэ IэмэпсымэхэмкIэ япэ лIэужьыгъуэм хуэдэ фошыгъу уз зиIэ сабийхэр къызэгъэпэщын Iуэхуми хэплъащ. А медицинэ Iэмэ­псымэхэр сымаджэхэм пщIэншэу етыныр къэрал, щIыналъэ бюджетхэм зэрыщымыубзыхуам къы­хэ­кIыу, унафэ къащтащ ахэр республикэ бюджетым щыщ мылъкукIэ къыхуащэхуну. Абы текIуэдэну сом мелуан 26-м щIигъур илъэс къакIуэм къыщыщIэ­дзауэ къыщалъытэнущ республикэ бюджетым.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Парламентым а махуэ дыдэм хуигъэхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2022 гъэм, апхуэдэу 2023, 2024 гъэхэм ятещIыхьа и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» законым и проектым халъхьэ зыхуэфащэ ­зэхъуэкIыныгъэхэр.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: