Министрым ирегъэблагъэКъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щригъэблэгъащ республикэм ММА спорт лIэужьыгъуэм нэхъ ехъулIэныгъэшхуэ щызиIэ Мырзэкъан Азэмэт. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ IэпщэрызауэмкIэ плIэнейрэ дунейпсо чемпионым адэкIэ и мурадхэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм. Къыхэдгъэщынщи, Мырзэкъан Азэмэт и профессионал рекордщ зэи къыхамыгъащIэу текIуэныгъипщI къызэрихьар, абыхэм ящыщу 8-м зэIущIэм и япэ раундым и хьэрхуэрэгъухэр нокауткIэ къриудащ. Спорт IуэхущIапIэм и унафэщIымрэ хьэщIэмрэ я гугъу ящIащ илъэс ныкъуэм щIигъуауэ ди лъэпкъэгъум Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щригъэкIуэкI зыгъэсэныгъэхэм, зэман гъунэгъум зыхуигъэувыжа къалэнхэмрэ илъэсыщIэм къыпэщылъ зэIущIэмрэ. Ди лъэпкъэгъум хьэрхуэрэгъу къыхуэхъунур мы зэманым зэхэкIащ, ауэ ар хэтми къыщытщIэнур нэхъ иужьыIуэкIэщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, щэкIуэгъуэм и 20-м Америкэм и Штат Зэгуэтхэм и Лас-Вегас къалэм щызэхэтын хуея Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Мырзэкъан Азэмэтрэ Польшэм и лIыкIуэ Прачнио Марчинрэ я зэIущIэр щымыIэну траухуэжащ. Щхьэусыгъуэр ди лъэпкъэгъум и хьэрхуэрэгъум зэримыдарщ абы къезэуэну. Адыгэ щIалэм ММА зэхьэзэхуэшхуэм къыкIэлъыкIуэу япэу зэIущIэ щригъэкIуэкIыну щытраухуар дыгъэгъазэм и пэщIэдзэхэрат, арщхьэкIэ ари зэхэтакъым. ЯпэщIыкIэ ар зэзэуэн хуея бразил спортсменыр хэкIащ зэIущIэм. КъыкIэлъыкIуэу, абы и пIэкIэ ди щIалэм къыпагъэува США-м щыщ Вандер Джаред и узаншагъэм дохутырхэр арэзы къызэримыщIым къыхэкIыу ари зэIущIэм хагъэхьакъым. Мы махуэхэм Мырзэкъан Азэмэт зыхуегъэхьэзыр UFC щригъэкIуэкIыну япэ зэIущIэшхуэм.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|