ЩIалиплIми текIуэныгъэ къытхуахь

Краснодар къалэм щекIуэкIащ АСА 134 хабзэ пыухыкIа зимыIэ зэзауэхэмкIэ ­дунейпсо зэхьэзэхуэ. Пшыхьым хиубыдэу щыIа зэIущIэ 11-м нэхъыщхьэу къыщалъытэрт Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Багъ Алийрэ Новокузнецк къикIа Кошкин Андрейрэ я зэпэщIэтыныгъэр.

Гулъытэ нэхъ зыхуащI спортсменхэм я зэIущIэр раунди 5-кIэ екIуэкIащ. Япэ Iы­хьэхэм зэхьэрхуэрэгъухэр зэхуэдэу зэ­зэуащ, ещанэм къыщыщIэдзауэ ди лъэп­къэгъум тепщэныгъэр иубыдащ икIи ­ет­хуанэ Iыхьэр иухыху ар зыIэщIигъэкIакъым. Судьяхэм зэдэарэзыуэ   зэпэ­­щIэны­гъэ нэхъыщхьэм Багъ Алий щытекIуауэ къалъытащ. 
Багъым нэмыщI Краснодар щызэуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ нэгъуэщI  спортсменищ. Гугу Мурат къыпэщIэта Ук­раинэм къикIа Микуцэ Дмитрий еща- нэ ­раундыр екIуэкIыу зитын хуей хъуащ, ди лъэпкъэгъум абы и пщэр фIи­къузыкIри. 
КъыкIэлъыкIуэу октагоным къихьа КIуэ­кIуэ Мухьэмэдрэ Тюмень щыщ Гордеев ­Павелрэ. Судьяхэр зэдэарэзыуэ абыхэм я зэпэщIэтыныгъэм бахъсэндэсыр щыте­кIуауэ къалъытащ. 
Мэш Ислъам къыпэщIэтащ Бразилием къикIа Силвэ Клеверсон. ЗэIущIэм щынэхъыфIам теухуауэ судьяхэм еплъыкIэ зэхуэмыдэ хуаIащ. АрщхьэкIэ нэхъыбэр адыгэ щIалэм и телъхьэ хъуащ икIи текIуэныгъэр къыхуагъэфэщащ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ­яхъумэу утыкум ихьа адыгэ щIалиплIми те­кIуэныгъэ зыIэрагъэхьауэ къекIуэлIэжащ. 

 

ЖЫЛАСЭ Замир.
Поделиться:

Читать также: