Нахуагъэр япэ ирагъэщ

КIуэкIуэ Казбек дыгъэгъазэм и 20-м IущIащ Ахъшэхэр ­хъумэнымрэ къэгъэсэбэпынымкIэ федеральнэ IуэхущIапIэм (казначействэм) и республикэ къудамэм и унафэщI IутIыж Шумахуэ. 

Зэхуэзахэр тепсэлъыхьащ федеральнэ IуэхущIапIэм и щIыналъэ къудамэм 2021 гъэм къриубыдэу и лэжьыгъэр зэрекIуэкIам, дызэрыхьэ илъэсым къыпэщылъхэм, хэгъэгум налог къыщыхахынымкIэ щыIэ щытыкIэр зыхуэдэм. 
IутIыж Шумахуэ къызэрыхигъэщамкIэ, илъэсым и мазэ 11 блэкIам кърикIуахэр щызэхалъхьэжым, наIуэ къэхъуащ Ахъшэхэр хъумэнымрэ къэгъэсэбэпынымкIэ федеральнэ IуэхущIапIэм (казначействэм) пхыкIыу, бюджетым и IэнатIэ псоми сом мелард 88-м щIигъу зэраIэрыхьар (нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм - сом мелард 81-рэ). 
Къыхэбгъэщ зэрыхъунумкIи, Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщщ лъэпкъ проектхэр пхыгъэкIынымкIэ Кавказ ­Ищхъэ­- рэм федеральнэ щIыналъэм и мызакъуэу, УФ-м япэ щищахэм.
КIуэкIуэ Казбек IуэхущIапIэм Iутхэм фIыщIэ яхуищIащ я лэжьыгъэм зэрыхуэIэижьым папщIэ. Абы къыдэкIуэуи, республикэм и Iэтащхьэм и псэлъэгъур къыхуриджащ зи пашэ ­IэнатIэм къыщаIэт Iуэхухэм Iулъхьэ щызэIэпызыххэм ерыщу щапэщIэтыну, апхуэдэуи, лъэпкъ проектхэр, федеральнэ, ­хэгъэгу, муниципальнэ мыхьэнэ зиIэ программэхэр щыпхагъэкIкIэ, финанс-юридическэ зэIэпыхыкIэхэм хуэгъэзауэ ­хабзэр къызэпызыудхэм япэщIэувэнымкIэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэхэми я гугъу ящIащ. 
А махуэ дыдэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм и унафэщI КIасэ Динэ зыщыхуигъазэм къыхигъэщащ лъэпкъ проектхэр щагъэзащIэкIэ, бюджетым къыхэкI ахъшэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэм кIэлъыплъынымкIэ зи гугъу ящI IуэхущIапIэм лэжьыгъэ ин дыдэхэр зэрыригъэкIуэкIыр.
КIасэ Динэ зэрыжиIэмкIэ, 2021 гъэм къриубыдэу, властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр зэрызэфIах Iэмалхэм теухуауэ къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIащ, а лъэ­ныкъуэмкIэ ныкъусаныгъэу наIуэ къащIахэри зэрагъэзэхуэжащ. 
Республикэм и Iэтащхьэм апхуэдэуи жиIащ къэрал IуэхущIапIэхэм Iутхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мылъкур зэрызэIэпах щIыкIэм щыуагъэрэ ныкъусаныгъэу къыщыхагъэкIхэр и чэзум гъэзэкIуэжыным лъэныкъуэ псори зэрегугъупхъэр, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным хухаха ахъшэр, жылагъуэри щыгъуа­зэрэ фIагъ лъагэ зиIэу, къызэрагъэсэбэпым мыхьэнэ ин дыдэ зэриIэр. 
«Абы къыхэкIыуи, ныкъусаныгъэхэмрэ щыуагъэхэмрэ къы­щIэгъэщынымрэ апхуэдэхэр и чэзум гъэзэкIуэжынымрэ хуэгъэзауэ, къэрал властым и къудамэ псоми ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ КъБР-м Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм къызыхуэтыншэу дыдэлэжьэныр», - игъэбелджылащ республикэм и Iэтащхьэм. 
 

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: