Хуитыныгъэхэр хъумэнырщ къалэн нэхъыщхьэр

Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ цIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу респуб­ликэм щыIэм и деж щы­зэхэт Эксперт советым и зэIущIэ.

ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ упол­номо­че­нэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис и докладым къызэрыхигъэщамкIэ, илъэс 15-м нэб­лэгъауэ республикэм щыIэ зи унафэщI IэнатIэм мы гъэм къриубыдэу тхьэусыхафэ 284-кIэ зыкъыхуагъэзащ, абыхэм ящыщу 165-р тхыгъэкIэ. Щы­тыкIэхэм зыщагъэгъуэ­зэн мурадкIэ упол­номо­чен­нэри и аппаратым хэтхэри УФ-м и УФСИН КъБР-м щы­Iэм и IэнатIэ­хэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-м пIалъэкIэ цIыху­хэр щаIыгъ и изоля­торхэмрэ 22-рэ щыIащ. Абы­хэм щаIыгъ цIыху 75-м Зу­макуловым зыкъыхуагъэзащ я хуитыныгъэхэр яхъу­мэну.
«Уполномоченнэм къызэ­рыхигъэщамкIэ, къызэ­ры­мы­кIуэ щытыкIэшхуэ 2021 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэ­рым къыщыхъуакъым. Урысей Федерацэм и Къэрал Думэмрэ щIыпIэ самоуправ­ленэмрэ я хэхыныгъэхэр ­щагъэхьэзырымрэ щрагъэ­кIуэкIымрэ хэхакIуэхэм я ­хуитыныгъэхэр зэгъэпэща хъуащ» - жиIащ Зумакуловым.
ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и лэжьыгъэр арэзы узыщIу къилъытащ зэIу­-щIэм къыщыпсэлъа цIыху­-бэ кIэлъыплъакIуэ комиссэм и унафэщI Бэрсэдж Анатолэ.
- Уполномоченнэм и лэ­жьыгъэр тещIыхьащ цIыхум и хуитыныгъэм ехьэлIа философием. Нэхъыщхьэр цIыху хэхам укъыщхьэ­щы­жынракъым, атIэ абы и хуитыныгъэр дэкъузэн щIэхъуа щхьэусыгъуэр зэхэгъэ­кIы­нырщ, - къыхигъэщащ Эксперт советым хэт Хъубий Башир. - Ахэр наIуэ къэхъу­мэщ, цIыхухэм я хуитыныгъэри хъума щыхъунур. Аращ а IуэхумкIэ уполномоченнэу республикэм щыIэм и къалэн нэхъыщхьэри.
ЗэIущIэм къыщаIэта псалъэмакъ нэхъыщхьэхэм ящыщщ сабий зеиншэхэр         е адэ-анэм ямыпIыжхэр псэу­пIэкIэ къызэгъэпэ­щы­ныр, социальнэ псэупIэхэр ухуэныр, унагъуэщIэхэм защIэгъэкъуэныр.
ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэр КъБР-м зэрыщылажьэ­рэ псори зэхэту тхьэусыхафэкIэ цIыху мин 12-м ­щIигъу зыкъыхуагъэзащ. Нэхъыбэу цIыхухэр арэзыкъым хабзэхъумэ IэнатIэ­хэм, судыщIэхэм я лэжьыгъэхэмкIэ. ЦIыхухэр мэлъа­Iуэ социальнэ, лэжьыгъэ, пен­сэ Iуэхухэм ехьэлIа Iуэ­хугъуэхэм теухуауэ къащхьэщыжыну.
«ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу республикэм щыIэм 2022 гъэри, нэхъапэхэм ­хуэ­дэу, хуиунэтIынущ Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым щып­сэу­хэм я хуитыныгъэхэр ­хъу­мэ­ным», - жиIащ Зу­ма­куловым, зэIущIэр щы­зэхуи­щIыжым.

Тхыгъэри сурэтри Жыласэ Замир ейщ.
Поделиться: