Иужьрей макъ

«Гъуэгуэгъу» (кIахэ диалектымкIэ «гъогогъу») псалъэм адыгэхэм къидгъэкIыр, дызэрыщыгъуазэщи, «нэгъуэщIым дэгъуэгурыкIуэ цIыху» мыхьэнэращ, «гъуэгумрэ» «цIыхумрэ» иризэпытщIэу.
АрщхьэкIэ, езым и анэдэлъхубзэми дэгъуэу хэзыщIыкI, кIахэ адыгэбзэм иригъуазэни зи щIасэ абхъаз щIалэм, Дасание Давид, къызэрилъытэмкIэ, дэ, адыгэхэм, зи гугъу тщIы мыхьэнэр а псалъэм къидгъэкIынутэмэ, «гъуэгу-цIыху»-щ жытIэн хуеяр, ди бзэм и зэхэухуэнэкIэм дытетмэ.
Ауэ щыхъукIи, «гъуэгуэгъу» псалъэм и иужьрей макъ «гъу»-р къыздикIар дэркIэ зэрызэхэмыщIыкIыгъуафIэу къэнэнут, Дасание Давид зэрегупсысымкIэ, щIэныгъэлIхэм ди бзэм и лъабжьэгъуу къалъытэ абхъаз-абазэбзэхэм я дежкIэ демыплъэкIыжатэмэ.
Къыхэдгъэщам дригъуазэу адэкIэ декIуэтэкIынщи, «цIыхум» щхьэкIэ абхъазхэм «гIы-гъы» («ауагIы-ауагъы», «уаю-уагъуу»), абазэхэм «гIвы-гъгъу» жыIэкIэхэращ ноби къагъэсэбэпыр. Абыхэм апхуэдизу къэIукIэ гъэщIэгъуэн яIэщи, я къэпсэлъыкIэм дыщIэдэIумэ, «гъуэгуэгъу» псалъэм и кIэух Iыхьэм пэджэжрэ дэ, адыгэхэм, ди бзэм хэмытыж макъ пIытIа-хэукъуэдиикIа гуэрхэри зэрыхэтым гу лъыдмытэныр Iэмал зимыIэщ, Дасание Давид зэрытригъэчыныхьымкIэ.
БзэщIэныгъэм дихьэх щIалэм зэрыжиIэмкIэ, япэрауэ, «гъуэгуэгъу» псалъэр жьы дыдэщ, етIуанэрауэ, иужьрей «гъу»-р абхъаз-адыгэбзэхэр нэхъ зэгъунэгъуу щыщыта лъэхъэнэ жыжьэхэм къыщежьащ.

Бэрау Бышэ.
Поделиться: