ХъуэпсапIэхэм я псей

Апхуэдэу фIащауэ ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу ирагъэкIуэкI Iуэху дахэм хэтщ ди республикэм и къулыкъущIэ куэд. Интернатхэм щIэс, адэ-анэ зыщхьэщымытыж сабийхэм, зыхуей хуэныкъуэ унагъуэхэм щапIхэм я хъуэпсапIэхэр хуагъэзащIэкIэрэ абыхэм я гукъыдэжыр къызэраIэтынум пылъщ ахэр. 
Псейм пыщIа тхылъымпIэ цIыкIухэм итщ сабийм и цIэ-унэцIэр, и нэ къызыхуикIыр, абы и лъабжьэм щIэтщ волонтёрым и телефоныр. Ар зыгъэзэщIэну зи пщэ дэзылъхьэжа къулыкъущIэр е абы и дэIэпыкъуэгъур мэпсалъэ а телефонми, ныбжьыщIэм хуэзэу тыгъэр сыт щыгъуэ зэIэпах хъунуми яубзыху. 
- Гуапэ сщохъу ди къулыкъущIэхэм я нэхъыбэр я дэIэпыкъуэгъухэм япэ езыхэр къызэрыпсалъэр. Сыхуейщ апхуэдэ цIыху нэсхэм я мылъкур яхуэбэгъуэну, - жеIэ КъБР-м и Аграрнэ университетым и «Туризм» факультетым щеджэ Блий Даянэ.
 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ