Псэм къыIэпыкI пшыналъэхэр

Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм, щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ. ЗэрыцIыкIурэ адыгэ макъамэм щIэдэIун фIэфIщ, абы щыщIапIыкIащ унагъуэми, щеджа макъамэ школми. 
Нанэ и пшынэм IэфIу сипсыхьт…
- Си анэшхуэ Тохъутэмыщ Лейла пшынауэу щытащ. СыщыцIыкIум сфIэфIу седаIуэрт нанэ зэуэ макъамэхэм. СыбгъэдэтIысхьэрти, пшынэ Iэпэр зэригъэджэгум сыкIэлъыплъырт. ИтIанэ, зезгъэщхьыну сыхэтт. Абы сипсыхьауэ къыщIэкIынущ. СыцIыкIуу пшынэр ныбжьэгъу схуэхъуащ. Адыгэ пшынэм и макъыр си тхьэкIумэм ит зэпыту сыкъыдэкIуэтеящ. 
Си гъэсакIуэхэр щапхъэт
- ИлъэсиплI сыхъуу сагъэкIуащ Къэрэшей-Шэрджэсым пшынауэ щагъасэу япэу зэхаша гупым. Гъуаджэ Галинэ деж щезгъэжьащ. Абы езым сабий уэрэд цIыкIухэр етх. ТIэкIу сыкъыдэкIуэтея нэужь, илъэси 7-м ситу, Ажийбэч Валерэ и деж зыщызгъэсэн щIэздзащ. Абы щыгъуэ къызгурыIуэпат адыгэ пшынэм си гъащIэр еспхыну сызэрыхуейр. Валерэ зэпымыууэ пшыхьхэм дыхигъэтт, дигъэгушхуэрт, «Меркурий» ансамблым арат сыхэзышар. Нэхъри зызужьыну сыхущIэкъурти, Абхъазым макъамэмкIэ и колледжым сыщIэтIысхьащ. Пшынауэ цIэрыIуэ, композитор Хъунцарие Уэтэр си егъэджакIуэу колледжыр къэзухри, Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэкIуащ - Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэмкIэ и институтым сыщIэтIысхьащ, Кхъуэжь Мадинэ и гупым сыхэсащ. 
 Кавказым и щIыналъэ псоми къикIа студенхэр дызэхуишэсат еджапIэм. ПщыхьэщхьэкIэрэ пшынэ деуэрт, уэрэд жытIэрт, адыгэ джэгу тщIырт - щхьэж зыхуэIэижь къэдгъэлъагъуэрт.
НэхъыжьыфIхэр
- Си гугъэмкIэ, пшынэм адыгэ макъамэ къыщибгъэкIым деж пшынауэ нэхъыжьхэм я щапхъэм къытекIын хуейщ. АбыкIэ щапхъэщ КъБР-м щыщу Къашыргъэ КIурацэ, КъШР-мкIэ Ерыж Зули, Цекъ Зэрылэ сымэ. Институтыр къыщызухми, си щIэныгъэ лэжьыгъэр зытеухуауэ щытар аращ: Къашыргъэ КIурацэрэ Ерыж Зулийрэ я творчествэрт. СфIэгъэщIэгъуэну селэжьащ. Зы зэманым хэпсэукIа пшынауитIым я макъамэ Iэмэпсымэ джэгукIэр зэзгъэпщащ. Гу лъыстащ: Къашыргъэмрэ Ерыжымрэ зы макъамэм еуэу чэзууэ уедэIуамэ, еуэр дэтхэнэрами зэхэбгъэзэрыхьырт - я гъэзэщIэкIэрт зэтехуэрт. Иджы тыншу зэхыбоцIыхукI Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ пшынауэм и макъамэ къигъэкIыкIэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсым щыщыр зэреуэмрэ. Щхьэж и гупсысэ щIилъхьэ хъуащ макъамэм. Ари хъарзынэщ. 
«Бзабзэ»
- Къэбэрдей-Балъкъэрым еджакIуэ сыкъызэрыкIуэрэ сехъуапсэрт шыкIэпшынэ сеуэфу Еуаз Зубер и деж зыщызгъэсэну. Ар Iуэху сымыщIурэ, еджэным сыкъыдэмыхуэурэ, 5-нэ курсым сынэсащ. ЕджапIэр къэзухмэ Къэрэшей-Шэрджэсым згъэзэжын хуей хъунути, шыкIэпшынэми сыхэкIыжынут. Зэманыр къыщыскIэщIикъузэм, Зубер и деж сыкIуащ. Абы щыгъуэ Еуаз Зубер пшынауэ-шыкIэпшынауэ гуп къызэригъэпэщырти, абы къысхутепсэлъыхьащ, сыхыхьэнуи сригъэблэгъащ. Сэри арэзы сыхъуащ. 
Еуаз Зуберрэ сэрэ мызэ-мытIэу Германием драгъэблэгъащ адыгэм и макъамэ Iэмэпсымэхэр абы щыпсэу ди лъэпкъэгъу щIалэгъуалэм едгъэцIыхуну, хуедгъэсэну. Сэ - пшынэм, Зубер - Iэпэпшынэмрэ шыкIэпшынэмрэ я щэхухэм хуедгъэджащ ныбжьыщIэхэр. ГъэщIэгъуэну къызэгъэпэщат Iуэхур. Дерсхэр зэфIэкIа нэужь, Адыгэ Хасэм деж пшынауэ пшыхь щедгъэкIуэкIыжырт. Абдежым дэ едгъэджахэр зэдгъэса къафэхэм щеуэрт. Гухэхъуэт абыхэм уахэплъэныр.
Налшык дежи сэ пшынэм хузогъасэ цIыкIухэр. СфIэфIщ, си гуапэщ садэлэжьэну! Я ехъулIэныгъэ къэси сыщогуфIыкI. 
 «Абазэ-адыгэ къафалъэхэр»
Мы гъэм и гъатхэпэм «Абазэ-адыгэ къафалъэхэр» зи фIэщыгъэ си тхылъыр къыдэкIащ. Абы къафэ зэмылIэужьыгъуэу 91-рэ ихуащ. Тхылъыр къыдэкIыным щхьэпащ Хъурей Феликс, нотэхэр зэпэщ хъунымкIэ къыздэIэпыкъуащ ХьэIупэ ДжэбрэIил, къафэхэм я зэкIэлъыкIуэкIэмкIэ чэнджэщэгъу схуэхъуащ Думэныщ Iэулэдин, макъамэхэм селэжьыху си гупсысэхэр есхьэлIащ Еуаз Зубер. АдыгэбзэкIэ тхыгъэр зэригъэзэхуащ Езауэ Мадинэ, абазэбзэмкIэ - Апсэ ФатIимэ. Иджы етIуанэ тхылъым солэжь. 
 
Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: