Шэшэнхэм шы лъэпкъ зэрагъэпэщ

 Шэшэн республикэм и Iэтащхьэ Кадыров Рамзан илъэсипщI ипэкIэ зэпхигъэIукIауэ щытащ я лъэпкъым и цIэр зезыхьэ шы лъэпкъ зэригъэпэщыну гукъыдэж зэриIэм. Iуэхур жыжьэ ямыгъэIэпхъуэу, Шэшэн республикэм Мэкъумэш IуэхухэмкIэ и агрохолдингым шы лъэпкъыфIхэр къищэхури, лэжьыгъэм пэрыхьауэ щытащ. 
 Шэшэн Iэтащхьэм дыгъэгъазэм и 26-м иригъэкIуэкIа пресс-конференцым хэIущIыIу щащIащ дызытехьэ илъэсым шэшэн шы лъэпкъыщIэ утыку къызэрихьэнур. 

 ЩIэныгъэлIхэр зэакъылэгъут я унафэщIым и гукъыдэжыр псынщIэу узытеIэбэфыну Iуэхухэм зэращымыщымкIэ, шы лъэпкъыщIэ зэбгъэпэщын папщIэ, лъэхъэнэ зыбжанэ блэкIын зэрыхуеймкIэ. «Iуэхум дыщыпэрыхьам, - игу къегъэкIыж езы Кадыров Рамзан, - шы лъэпкъыщIэ къэбгъэхъуныр чырбыш зэтеплъхьэу унэ пщIыным худэу тынш си гугъащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, абы зэманышхуэ ехь». 
 Пресс-конференцыр екIуэкIрэ пэт, шэшэн Iэтащхьэм упщIэ къратащ: «Дапщэщ хьэзыр щыхъунур куэд щIауэ дызытепсэлъыхь шы лъэпкъыщIэр?» Абдеж дыдэм мэкъумэш IуэхухэмкIэ министрыр щIэсти, Iэтащхьэм упщIэр абы хуигъэзащ. «ЕтIанэгъэ», - къритащ жэуап министрым. «ЕтIанэгъэ жыпIа? Гъэ къэс «етIанэгъэ» жыбоIэ. Хуэсакъ, иджыпсту эфир занщIэмкIэ укъалъагъу!» - гушыIэ хуэдэурэ, унафэр министрым игу къигъэкIыжащ Кадыровым. Абы къыдэкIуэуи, къыпищащ: «Ар (шы лъэпкъыщIэр - ред.) хьэрыпышым нэхърэ нэхъ дахэу, инджылызышым нэхърэ нэхъыфIу, адыгэшым нэхърэ нэхъ бэшэчу щытын хуейщ!»
 Шэшэн республикэм и агротехникэмкIэ институтым и унафэщI Магомадов Анди «Шэшэныр - нобэ» газетым щытопсэлъыхь шы лъэпкъыщIэм епха лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым: «Хуэгъэфэщауэ илъэситху-пщIы хуэдиз дэкIмэ, япэ шы лъэпкъ гупыр, «породная группа» жыхуаIэр дунейм къытехьэнурэ, абы делэжьын щIэддзэнущ. Хъупхъэхэхым ипкъ иткIэ шыщIэхэм я хьэлыр зэрыщытыр къэхутэн хуейщ: псынщIагъ, бэшэчагъ, къинэмыщIхэр. Ар къэтщIа иужькIэ, зыхуэчэм хьэлыр зыхэлъ шыхэм бгъэдэшауэ, къытIэрыхьа шыщIэхэр егъэфIэкIуапхъэщ. Псалъэм папщIэ, я лъакъуэхэм быдагъ яхуримыкъумэ, адыгэшымкIэ ебгъэфIакIуэ хъунущ. Мис а Iуэхухэр зэфIэкIмэщ шы лъэпкъыщIэ къэунэхуауэ жыпIэ щыхъунур. Иджыпсту шыбзхэр къыхыдощыпыкI».
 Магомадовым зэрыжиIэмкIэ, лэжьыгъэр щIэгъэхуэбжьауэ йокIуэкI, Урысейм и шы IуэхухэмкIэ институтым и лэжьакIуэхэри къадэлажьэу. Дэфтэрхэми мыхьэнэшхуэ ират. «Псори зэхэту шы лъэпкъищ къызыдогъэпэщ, - пещэ Магомадовым. – Шы псынщIэ (спортивно-беговая), бгырысыш (горная), спорт-уанэш (спортивно-беговая). ФэкIэ абыхэм къари, пцIэгъуэплъи, пщIэгъуали яхэтынущ». 
 Шэшэн республикэм шы спортым зыщрагъэужьын мурадкIэ лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Жэпуэгъуэм абы къыщызэIуахауэ щытащ цIыху мини 3-м нэс зэрыхуэ шыгъэжапIэ. Абы фIащащ илъэс ипэкIэ дунейм ехыжа шыхъуэ цIэрыIуэ Закаев Саид-Хъусен и цIэр. Кадыров Рамзан зэрыжиIэмкIэ, Закаевырщ зи фIыгъэр езым шыхэр фIыуэ илъагъуу зэрыхъуар. Республикэм кIуэ пэтми я бжыгъэр щобагъуэ шы спортымкIэ зэгухьэныгъэхэм, шыгъэжапIэ цIыкIухэмрэ инхэмрэ. «Дэ ди мурадщ, - жеIэ Кадыровым, - Шэшэн республикэр шы спортым и зэхуэсыпIэ тщIыну». ШыгъэжапIэщIэм хохьэ шыхэм щеIэзэ Iэщ дохутыр IуэхущIапIэхэр, шы гъэпскIыпIэхэр, шыхъуэ лэжьыгъэм хуэщхьэпэ нэгъуэщI къудамэхэр. 
Дыгъэгъазэм и 16-м Эмират Зэхэтхэм я къалащхьэ Дубай щызэхэта шыгъажэм япэ увыпIэр къыщихьащ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Закаев Саид-Хъусен и инджылызыш Туз. «Абы нэхърэ нэхъ фэеплъыфI Саид-Хъусен хуэпщIыфынтэкъым: Туз «Дубай крик майл» зэхьэзэхуэм щытекIуащ, – и инстаграм напэкIуэцIым а текIуэныгъэм щытепсэлъыхьащ а шыгъажэ дыдэм зиш хэта адыгэ шыхъуэ Сэкрэк Заур. - Нобэ дыдэ илъэс ирокъу Саид-Хъусен дунейм зэрехыжрэ. Абы егъэлеяуэ игу хигъэхъуэнут Туз и текIуэныгъэ дахэм». 
Iуэхум ирихьэлIэу къыжыIапхъэщ ещанэ увыпIэ къэзыхьа, езы Сэкрэк Заур и шым (и цIэр - Тзегретколлекшн) илъэс ипэкIэ а шыгъажэ дыдэм япэу къыщысауэ зэрыщытар. Абы къыхэкIыу, «Чемпионым текIуэныгъэр ихьыну къегъэзэж» псалъэщхьэм щIэту, а шым и сурэтыр Дубай къыщыдэкI «Хьадият» журналым и жинтым къытрадзат. 
Шэшэн шы лъэпкъыщIэр зэрыгъунэгъум шэч хэлъыжкъым, ауэ хьэрыпышымрэ инджылызымрэ къакIэлъыкIуэу зи цIэ къраIуэ, къэгупсысыни хуэмейуэ, хьэзыру къытIэрыхьа адыгэшым апхуэдэ гулъытэ щигъуэтынур дапщэщу пIэрэ? 
 

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: