Нобэ

♦Урысей Печатым и махуэщ. УФ-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1991 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ.

♦1703 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ къыдэкIащ «Ведомости о военных и иных делах» урысейпсо газетым и япэ номерыр.
♦1830 гъэм «Литературная газета» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ.
♦1858 гъэм къагъэсэбэпу щIадзащ япэ урысей пощт маркэр.
♦1872 гъэм Урысейм лэжьэн щыщIидзащ дуней щытыкIэм кIэлъыплъ, къэунэхуну махуэм ар зыхуэдэнур къэзыхутэ IуэхущIапIэм.
♦1874 гъэм Урысейм и пащтыхь Александр ЕтIуанэм къыдигъэкIащ «Дзэм къулыкъу щыщIэным теухуа Уставыр». Зи ныбжьыр илъэс 21-рэ ирикъуа цIыхухъум абы къалэн щищIырт къэралым и дзэм къулыкъу щрихьэкIын хуейуэ.
♦1945 гъэм советыдзэхэм щIадзащ КъуэкIыпIэ Пруссием щебгъэрыкIуэн. А зауэхэр екIуэкIащ мэлыжьыхьым и 25 пщIондэ. Фронтищым я унафэщIу щытащ Маршал Рокоссовский Константин, генерахэу Черняховский Иван, Баграмян Иван сымэ.
♦1917 гъэм къалъхуащ физик цIэрыIуэ, СССР-мрэ Украинэмрэ щIэныгъэхэмкIэ я академиехэм я академик Лифшиц Илья.
♦1930 гъэм къалъхуащ адыгэхэм ящыщу геолог IэщIагъэр япэу зэзыгъэгъуэта, Ставрополь щIыналъэм газ куэду зыщIэлъ щIыпIэ къыщызыгъуэта Гуэщокъуэ Хьэсэнбий.
♦1954 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Уэрдокъуэ Женя.
♦1966 гъэм къалъхуащ актрисэ, режиссёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Апексимовэ Иринэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэс къыщесынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 3 - 2, жэщым градуси 7 - 6 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Ахъшэр псым хуэдэщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ