ИлъэсыщIэм-унэщIэ

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Дейскэ къуажэм щыпсэу унагъуий ИлъэсыщIэм и пэ къихуэу, унэщIэхэм щIагъэтIысхьэжащ.
Кхъахэ хъуа унэхэм щыпсэухэр псэуалъэщIэхэм зэрагъэIэпхъуар и фIыщIэщ щIыналъэм щагъэзащIэ Лъэпкъ проектым.
Абы ипкъ иткIэ щIым щыту униплI ящIащ, дэтхэнэми унагъуэ тIурытI зэрыщыпсэуным тещIыхьауэ щIащ. Унэхэр зыхуей хуэгъэзащ, къабзэу зехьащ, коммуникацэ псори ешэлIащ, унэр зытет щIы Iыхьэри екIуу къыхузэрагъэпэщащ.
Унэр а щIыпIэм щащIын ипэ, абы щыпсэунухэм я еплъыкIэм щIэупщIат.
ХьэблэщIэ яухуар къуажэкум хуозэ, курыт еджапIэ, сабий садхэр пэгъунэгъущ.
УнэщIэхэм щIэтIысхьэжахэр республикэм и унафэщIым, щIыналъэм и Iэтащхьэм фIыщIэ хуащIащ.

Инэрокъуэ Данэ.
Поделиться: