Щхьэж къилъыхъуэ IуощIэж

ЛIыжь гуэрым щIалэщIэ гъуэгурыкIуэ къыхуэзэри къеупщIащ:
- Мы къалэм япэу сыкъэкIуауэ аращ. КъызжеIэ, сыт хуэдэ мыбы щыпсэу цIыхухэр?
- Уэ укъыздикIа къалэм и цIыхухэр сыт хуэдэт?- щIоупщIэж езы лIыжьри.
- Сэ сы кыздикIам щыIэхэр щхьэзыфIэфIхэт, бзаджэхэт. Аращ абы сыкъыщIыдэкIари.
-Мыбыи апхуэдэ дыдэхэм ущрихьэлIэнущ,- итащ жэуап лIыжьым.
Тэлай дэкIауэ, лIыжьым аргуэру зы щIалэ къыхуозэри къоупщI.
- Ди адэ, мы къалэм нобэ сыкъэкIуа къуэдейщ. КхъыIэ, къызжеIэ, я хьэлкIэ сыт хуэдэ мыбы щыпсэу цIыхухэр?
ЛIыжьыр абыи йоупщIыж япэ гъуэгурыкIуэм зэреупщIамкIэ:
- Уэ укъыздикIам щыIэхэр сыт хуэдэт?
-Сэ сыкъыздикIам щыIэхэр цIыхуфIхэщ, хьэщIагъэ яхэлъщ, гуапэхэщ. Абы къыщызгъэнащ си ныбжьэгъу куэди. Аращ сигу нэхъ щIэныкъуэр.
- Мы къалэми апхуэдэ дыдэу цIыху гуапэхэм уащыхуэзэнущ.
ЛъэныкъуэкIэ къыщыту а псалъэмакъхэр зэхэзыха лIы гуэр лIыжьым къыбгъэдохьэри, жеIэ:
- ЩIалитIым жэуап зэтемыхуэ зэрептар зэхэсхащ. Зэм жыпIащ къалэм дэсхэр мыхъумыщIэу, адрейм жепIащ псори цIыхуфIу…
- Дэнэ щIыпIи щыIэщ цIыхуфIи цIыху Iеи. Щхьэж къилъыхъуэ IущIэжу аращ,- къитащ жэуап лIыжьым.

ЗэзыдзэкIар Гъуэт Синэщ.
Поделиться: