Псэр зытхьэкъу щIыналъэ

Екатеринбург дэт хьэщIэщ нэхъыфIхэм ящыщу тIум Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа гъэлъэгъуэныгъэ  къыщызэIуахащ.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым псэр етхьэкъу»  Iуэху дахэм ди щIыналъэм, нэгъуэщI хэгъуэгухэм щыщ сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэсащ.
Копылов Владимир, Давид Къантемыр, Белых Наталье, Болькин Сергей, Лягушкин Виктор, Земляниченкэ Александр сымэ я лэжьыгъэхэм теухуащ     ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм.
 - Мы Iуэхур КъБР-м Курортымрэ туризмэмкIэ министерствэмрэ ТуризмэмкIэ Урал Ассоциацэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэщащ. А гъэлъэгъуэныгъэмкIэ КъБР-м и дахагъымрэ уардагъымрэ къалэдэсхэри нэIуасэ хуащI «Атриум», «Новотель» хьэщIэщхэм зыщызыгъэпсэхухэри.
Гъэлъэгъуэныгъэр гъатхэ хъуху екIуэкIынущ.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: