Поликлиникэр къызэIуахыжИджыблагъэ къызэIуахыжащ Къалэ сабий поликлиникэ №1-м и къудамэу Хмельницкий Б. и цIэр зезыхьэ уэрамым тетыр. Сабий мин 11-м щIигъум я узыншагъэм щыкIэлъыплъ медицинэ IуэхущIапIэм лэжьэн зэрыщIидзэжам адэ-анэхэр икъукIэ щыгуфIыкIащ. IэнатIэм пэрытщ педиатру 10, лэжьэгъуэ пIалъэ хэха яIэу щыIэщ невролог, ортопед, УЗИ-диагност IэщIагъэлIхэр. Мы махуэхэм къриубыдэу поликлиникэм сабий 300-м щIигъум я узыншагъэр къыщапщытащ. Сурэтыр Елъкъан Артур трихащ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
23.04.2024 - 10:48 →
Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
|