Уэрдым Зекай: ЗыкIи сыхущIегъуэжакъым

Сыт хуэдэ гугъуехь къылъыкъуэмыкIами, ар къызэринэкIыфрэ и хэкужь къинэжмэ, ар адыгэ нэсщ. Уэрдым Зекай Тыркум къыщалъхуами, Налшык еджапIэ къакIуэри, абы иужь хамэщI игъэзэжакъым, и хэкужь исыжым нэхъ къищтэу, унагъуэ щыхъужащ, лъапсэ щигъуэтыжащ. Нобэ ар Мейкъуапэ щопсэу, щолажьэ.
- Зекай, япэ щIыкIэ зыкъэдыбгъэцIыхуамэ, ди гуапэт.
- 1976 гъэм Къайсэр сыкъыщалъхуащ. КъуажэкIэ Къарэкъуий (Къундетей) сыщыщщ, Уэрдым Хьэжы-Ихьсан и къуэ Ариф срикъуэщ.
Къалэм сыкъыщыхъуа, сыщыпсэуами, насып сиIэти гъэмахуэхэм къуажэм сыщыIэурэ адыгэбзэми, хабзэми, адыгагъэми щыгъуазэ сыхъуащ.
Курыт еджапIэр къыщызуха гъэм ирихьэлIэу «Налмэс» къэфакIуэ гупым, илъэс дэкIа нэужь «Кабардинка»-м Тыркум концертхэр щатащ. Дэри джэгухэм дыхыхьэ щыхъуа зэманти, хуабжьу сыдихьэхат.
- Хэкум къэбгъэзэжын хуей зэрыхъуар дауэ?
- Зы пщыхьэщхьэ гуэрым си адэр Къайсэр хасэм къыщищIа хъыбаркIэ къызэупщIащ: «Ухуейт Налшык къалэ дэт университетым ущеджэну?», - жиIэри. Сэ куэд щIауэ си нэр къыхуикIырт абы. ЕтIуанэ махуэм сызыхуеину тхылъымпIэхэр жэрыгъэкIэ зэхуэсхьэсыну яужь сихьащ. Си паспортри визэри псынщIэ дыдэу хьэзыр хъуащ. Си адэри тIэкIу хущIегъуэжауэ, си анэми и нэпсхэр къытелъэдауэ гъуэгу дыкъытехьащ. Ар I993 гъэм и бжьыхьэ зэмант. Сэр нэмыщI еджакIуэ 36-рэ дыхъурт.
Минеральные Воды кхъухьлъатэм дыкъыщикIам ди япэ къэкIуа щIалэхэр къытпэплъэу аэропортым тетт. Гугъу демыхьу университетым и общежитием дыкъэсащ. Пэжыр жыпIэмэ, ди гугъам хуэдэу къыщIэкIакъым: пэшхэр зэхэфыщIауэ, гъуэлъыпIэхэр къутауэ. Ауэ, абы щхьэкIэ дигу дымыгъэныкъуэу, дэр-дэру псори зэдгъэзэхуэжри, пэшри зетхьэжащ.
- Дауэ къыфIущIа хэкур? Узэригугъамрэ къызэрыщIэкIамрэ зэтехуэрэт?
- ДыкъыздэкIуэжар ди хэкуми, тIэкIу къыдэгугъуэкIт. Адыгэ хэкум шухэр, фащэхэр ящыгъыу цIыхухэр къалэм дэту дрихьэлIэн ди гугъа щхьэкIэ, мыбыкIи зэманыр къызэрыщымыувыIар нэрылъагъут. Ауэ, къалэм и щхъуэнтIагъыр зэрыщытти, абы и дахагъым удихьэхырт.
Хэкум сыкъыщыкIуам адыгэбзэкIэ тэкIу сытхьэмыщкIэт, ауэ къыддеджэ щIалэхэм садэуэршэрурэ, университэтым и къэфакIуэ гупым сахэтурэ, хуэмурэ бзэри нэхъ згъэшэрыуэ хъужащ.
Япэ илъэсым урысыбзэкIэ зыдгъэхьэзыра нэужь, къыхэтха факультетхэм дыщIэтIысхьащ. Сэ къыхэсхар инженер IэщIагъэрат. 1999 гъэм и гъэмахуэм дипломхэр къытIэрыхьэжащ.
- УкъызэрыкIуэжам ущыхущIегъуэжа къэхъуа?
Кризис нэужьым, лэжьыгъэ щыдмыгъуэтым, билет къэсщэхуащ, Тыркум сыкIуэжу дзэм сыхыхьэн мурад сиIэу. Сылъэтэным мэхуищ иIэжу Мейкъуапэ пхъэм елэжь фабрикэр цIыху хуейуэ зэхэсхати, мазэ улахуэр зэрымащIэми семыплъу, сыкъэнащ. Зы илъэс дэкIауэ унагъуэ сыхъуащ. Илъэситху хуэдизкIэ си къару, си IэщIагъэкIэ Iуэху куэдым яужь ситащ (пхъэ, унэлъащIэ, гъущI).
2005 гъэм нэхъ къалэшхуэхэм сыкIуэн хуей хъуащ, си дипломымкIэ сылэжьэну. Илъэс 12 нэужьым Мейкъуапэ къэзгъэзэжащ... Зы шхапIэ цIыкIу къэтщэхуащ, унагъуэкIэ дгъэлажьэу. ТыркумкIэ щыIэ си адэ-анэм, си благъэхэм, си ныбжьэгъухэм сахуозэш. Ауэ, Iэмал дызэриIэкIэ, дыкIуэурэ долъагъу е езыхэр къокIуэ.
ЗыкIи сыхущIегъуэжакъым гъащIэ гъуэгуанэу къыхэсхамкIэ, си гъащIэр зэрыхъуамкIэ. Нэхъыжьыр илъэс 17, нэхъыщIэр илъэситхум иту щIалитI сиIэщ.
- СыткIэ захуэбгъэзэнт газетым еджэхэм?
- ФыкъимыкIуэт, гъащIэу диIэр зыщ, ари псынщIэ дыдэу макIуэ. Ди лъэпкъым дыхуэлажьэу, абы ди сэбэпынагъ едгъэкIыу, ди бзэр зыщыдмыгъэгъупщэу, ди хабзэхэр дымыгъэкIуэдыжу, дызэрыадыгэр дымыгъэгъуащэу дунейм дытевгъэт!

Епсэлъар Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъанщ.
Поделиться: