Адыгэхэр къызыхэщ сериалхэр

 Тырку фильмхэр фIыуэ зылъагъухэр къахуэмыгъэсу поплъэ гъатхэпэм и II-м зи япэ Iыхьэхэр утыку кърахьэну «Явуз сулътIан Сэлим» сериалым.
 Тхыдэр зи тегъэщIапIэ теплъэгъуэхэм сыт хуэдэ зэмани щIэупщIэшхуэ яIэщ. «Явуз сулътIан Сэлим»-р драмэхэм хеубыдэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, гущIыхьэу иуххэм ящыщщ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ ягъэхьэзыр сериалым, и цIэм къызэрыхэщщи, лIыхъужь нэхъыщхьэу хэтынущ дунейпсо тхыдэм гущIэгъуншагъкIэ зи цIэр щыIуа уэсмэнокъуэ сулътIанхэм яз Сэлим Езанэр.
 Сулеймэн Телъыджэм и адэ сулътIан Сэлим и тепщэгъуэ убыдыкIэр щапхъэ дахэхэм ящыщтэкъым. Баязид ЕтIуанэм и къуэ нэхъыщIэу зэрыщытым къыхэкIыу, тахътэр къылъысыххэртэкъыми, и мурадыр зригъэхъулIэн папщIэ, Сэлим и адэри и къуэшхэри иукIыжауэ жаIэ. ЦIэ лейуэ кIэрыпщIа «Явуз»-ри «пхъашэ, шынагъуэ, щIэпхъаджэ» мыхьэнэхэм япэгъунэгъущ. Езым и къуитхум ящыщу тепщэгъуэр зыIэрыхьар «ЛIэщIыгъуэ телъыджэм» лIыхъужь нэхъыщхьэу хэт Сулеймэн Канунийщ. Ардыдэри, зэратхыжымкIэ, зэрымыщIэкIэщ и адэм и гущIэгъуншагъым псэууэ къызэрелар.
 Сулеймэн и анэ Хьэфсэ (адыгэу щытауэ жаIэ) и ролыр сериалыщIэм щызыгъэзащIэр «Лъагъуныгъэ фIыцIэ» сериалым куэдым яригъэцIыхуа Кючюккёсе Халаз Филисщ. Езы Сэлим и ролыр егъэзащIэ «Эртугрул къэунэхужа»-м хэта Джошкун Дженгиз.
 ЗэрыжытIащи, япэ Iыхьэр гъатхэпэм и II-м дунейм къытехьэнущ, ауэ фильмым щыщ пычыгъуэхэр щIэх-щIэхыурэ утыку кърахьэ. Псори къагъэлъэгъуэн щаухынур I923 гъэрщ. Сериалым и режиссерыр Калйонджу Билалщ. Сценарийр абырэ Йелтекин Корайрэ зэдатхащ.
 Iуэху псоми зыгуэр щхьэусыгъуэ хуохъу. Мы сериалыр икIэщIыпIэкIэ ягъэхьэзырын хуей щIэхъуар 20I9 гъэм Эмират Зэхэтхэм щагъэува нэгъуэщI зы теплъэгъуэщ. «МафIэ пащтыхьыгъуэхэм» Сэлим Езанэр къызэрыхэщыр зыфI зыдумылъагъу хьэщхьэрыIуэ дыдэущ. Мелуан 40-м нэс зытекIуэда, серие I4-у зэхэт, илъэситI ипэкIэ къагъэлъэгъуа а хьэрып теплъэгъуэ кIыхьым и лъабжьэт Мысырым щыIа адыгэ мамлюк тепщэгъуэм и иужьрей лъэхъэнэр. Фильмым щызэпэщIагъэувэ мамлюк сулътIан Тумэнбейрэ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Явуз Сэлимрэ. Тыркухэр егъэлеяуэ къигъэгубжьащ «МафIэ пащтыхьыгъуэхэм» хэт Сэлимым цIыху щIыкIэр хьэкIэкхъуэкIагъым хуэкIуэу къызэрагъэлъэгъуам. Мамлюк адыгэ сулътIаным и лъэныкъуэр зыIыгъ режиссерымрэ сценаристымрэ я фильм зэхэлъхьэкIэр хъуатэкъым пхужыIэнукъым, сыту жыпIэмэ, Тумэнбей и ролыр зыгъэзащIэ Нэбэуи Хъалид и ролыр уитхьэкъуу егъэзащIэ. Апхуэдиз ахъшэ зытекIуэда сериалми нэм къыфIэнэн, е гур зыкIэрыпщIэн гуэр щумылъагъуу къанэркъым. ИтIани, инджылызым (Вебер Питер) игъэува хьэрып сериалыр тыркухэмрэ хьэрыпхэмрэ зэщагъэIеин мурад яIэу зэрызэхалъхьам гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Нэхъ куужу Iуэхум хэплъэхэм зэрыжаIэмкIэ, «МафIэ пащтыхьыгъуэхэр» «Эртугрулым» пэщIагъакъуэу аращ.
 А псом дэ дигу ежэлIапхъэу хэтыр Явуз Сэлим, адрей лъэпкъхэми къадэкIуэу, «адыгэхэми, убыххэми» я тепщэу сериалыщIэм зыкъызэрыщигъэлъагъуэрщ, аращи, адыгэ тхыдэри абы къызэрыхэщыну щIыкIэм дыпоплъэ.
 «МафIэ пащтыхьыгъуэхэм» я гугъу пщIымэ, хьэрып актерхэр мыIейуэ джэгу щхьэкIэ, абы «шэрджэс» псалъэр къызэрыхэхуэшхуэ щыIэкъым. КIуэ, Тумэнбей щIалэ цIыкIуу Черкесием къызэрырашыр къытредзэ, Сэлим СулътIанри «тепщэгъуэр зыхуэмыфащэ адыгэ мэлыхъуэхэм» езэуэну макIуэ.
 Режиссёр лъэрызехьэхэр уиIэ пэтрэ, ахэр щылэжьэну киностудие уи щIыналъэм имытмэ, псом ищIыIужкIэ, абыхэм анэдэлъхубзэ яIурумылъхьэфамэ, фIы къыпхужызыIэм уакъыдэщIу, ауэ щыхъукIэ, уи пщIэрэ уи щхьэрэ пхуэмыIыгъыжу, уи псалъи уи дуней тетыкIи къару ящIэмылъу упсэун хуей мэхъу.

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: