Абазэ Руслан и цIэр фIащащТэрч къалэ дэт 4-нэ курыт еджапIэм иджыблагъэ щызэхэтащ Урысей прокуратурэр къызэрыунэхурэ илъэс 300 зэрырикъум теухуа зэIущIэ. МахуэщIым ирихьэлIэу Урысей Федерацэм и Прокуратурэм ЩIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурору лэжьа Абазэ Руслан и цIэр а еджапIэми фIащащ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и прокурор Хабаров Николай, Тэрч щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Дадэ МуIэед, Тэрч щIыналъэм и прокурор НэгъэцIу Заур, къэрал къулыкъущIапIэхэм, щIыпIэ IуэхущIапIэхэм, прокуратурэм я лэжьакIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр.
Поделиться:
Читать также:
28.03.2024 - 14:02 →
Хьэршыр и плъапIэт
28.03.2024 - 13:01 →
Гум имыхуж гъатхае
28.03.2024 - 11:00 →
ЩхьэкIуэ зышэч щхьэ шхыгъуэ йохуэ
28.03.2024 - 10:59 →
Я къаруи зэфIэкIи ирахьэлIэ
27.03.2024 - 18:39 →
ЩIэныгъэлIхэр бэлэрыгъыркъым
|