ДыгъуакIуэр яубыдащМы гъэм щIышылэм и 4-м Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм зыхуигъэзащ илъэс 31-рэ зи ныбжь къалэдэсым. ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, Налшык къалэ Масейм и уэрамым тет тыкуэным и бжэм хэлъ IункIыбзэр зыгуэрым икъутэри, абы щIыхьащ икIи ахъшэу сом 65 000-рэ ерыскъыхэкIыу сом 16 000 и уасэрэ къыщIидыгъукIащ. УМВД-м и лэжьакIуэхэм яубыдащ а щIэпхъаджагъэр илэжьауэ шэч зыхуащIар. Нэхъапэми мызэ-мытIэу суд зытращIыхьа налшыкдэсым ищIамкIэ зиумысыжащ. Чэфу рулым дэст 2022 гъэм щIышылэм и 8-м Урысей МВД-м Тэрч районымкIэ и къудамэм и ОГИБДД-м и гъуэгу-плъыр къулыкъум и инспекторхэм къагъэувыIащ мы щIыпIэм щыпсэу, илъэс 23-рэ хъу щIалэр зи рулым дэс «ВАЗ-2109» автомашинэр. ЩIалэр чэфт. Къэралым къыщалъыхъуэрт
ЩIышылэм и 9-м Дзэлыкъуэ и район полицейхэм яубыдащ илъэс 24-рэ зи ныбжь, мы щIыпIэм щыпсэу щIалэр. Абы суд органхэм защигъэпщкIурт УФ-м и УК-м и 254.1 статьям къыщыхьа щIэпхъаджагъэр зэрилэжьам къыхэкIыу икIи къэралым къыщалъыхъуэрт.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 15:42 →
Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ
26.04.2024 - 15:23 →
«Шато Эркен» щызэхуос
26.04.2024 - 15:00 →
Унэхэр зыхуей хуагъазэ
26.04.2024 - 14:00 →
ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 →
НОБЭ
|