Кхъахэ хъуа унэхэм ехьэлIауэ.

2022 гъэм и мазаем и I-м щыщIэдзауэ, щIыналъэ, муниципальнэ унафэщIхэм къалэн щащIынущ кхъахэ хъуа унэ зэтетхэм ехьэлIа хъыбархэр Росреестр-м ирагъэхьын хуейуэ. Апхуэдэ унэхэр зэгъэпэщыжын хуейми, ирахынухэм хагъэхьами, ЕГРН зыфIаща, къэралым и псэупIэхэр къыщыхатхыкI къулыкъущIапIэм щахъумэнущ. 

Апхуэдэуи, щIыпIэ муниципальнэ унафэщIхэм я къалэнщ 2022 гъэм и мазаем 1 пщIондэ ирахыпхъэу къалъыта унэхэм ятеухуа хъыбарэр Россреестр-м и электроннэ хъумапIэм 2022 гъэм и бадзэуэгъуэм и 1 пщIондэ иралъхьэну.
«ПсэупIэхэм ехьэлIа хъыбархэм щымыгъуазэу унэ къэзыщэхухэм къаIэрыхьэнкIэ хъунущ кхъахэ хъуауэ, ущIэсыну шынагъуэ псэупIэхэр. Дызэрыщыгъуазэщи, щэхуакIуэм унэм и теплъэм трищIыхьу къыщищэху куэдрэ къохъу, унэм и лъабжьэр, блынхэр зэрыт щытыкIэр къаплъыхьыну апхуэдэ Iэмал яIэкъым»- къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Кадастр палатэм и унафэщI Тонконог Аннэ.
Кхъахэ хъуа унэхэм теухуа хъыбарыр мы зэманым къэпщIэну гъугъущ, абы зэман куэд токIуадэ. АпщIондэхукIэ, унэ къэзыщэхухэм я зэманри яфIокIуэд.
Абы и лъэныкъуэкIэ, унэхэм ехьэлIауэ, зыхуеину хъыбарыр дяпэкIэ къащIэну нэхъ тынш, хъунущ. 
 

 

НафIэдз Мухьэмэд.
Поделиться: