Сабиипсэр еунэтI

Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр иджырей Iэмалхэмрэ технологие пэрытхэмрэ зыгъэIурыщIэу езыгъэфIакIуэ егъэджакIуэхэм ящыщщ Нарткъалэ курыт школ № 4-м илъэси 10-м щIигъуауэ щылажьэ Къурмэн Оксанэ. И ныбжькIэ щIалэми, зыпэрыт IэнатIэм ехъулIэныгъэхэр щиIэу и къалэнхэр зэфIех Оксанэ. Урысыбзэмрэ литературэмрэ ныбжьыщIэхэм зэрыригъэджым и мызакъуэу, ар класс унафэщIщ, психолог къулыкъури зэдехь.
Оксанэ Къэхъун къуажэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школ № 1-р къиуха нэужь, КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. 2006 гъэм еджэныр ехъулIэныгъэкIэ зэфIигъэкIащ.
  - Сэ унагъуэшхуэм сыкъыхэкIащ. Си адэ Щыхьырбий Къэхъун щызэхэт хозяйтвэм пщIэ щиIэу илъэс куэдкIэ щылэжьащ. Си анэ Раметэ гъэсакIуэу сабий садым гъэсакIуэу щыIэти, сэри си шыпхъу нэхъыщIэхэри абы и лъагъуэм дрикIуащ. Си шыпхъухэу Куэцэ Iэсиятрэ Къандэхъу Заирэрэ гъэсакIуэ IэщIагъэм иролажьэ. Ди дэлъху Аслъэн щIыр фIыуэ зылъагъу, абы пщIэ хуэзыщI мэкъумэшыщIэщ. Адэ-анэм быныр дагъэсащ адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ я мардэхэм дытету, ахэр ди гъэгугъэлъагъуэу. ФIыщIэ ин яхудощI абыхэм къытхуащIа псом щхьэкIи, - жеIэ Оксанэ. – ЕгъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэсхынымкIэ щапхъэ схуэхъуахэм ящыщщ си класс унафэщIу щыта Жыласэ Маритэ, Безыр Фусэ сымэ. ЕджапIэм лэжьэн щыщIэздза япэ мазэхэр, дауи, гугъут. Абы щыгъуэми щIэгъэкъуэн, чэнджэщэгъу къысхуэхъуар сыздэува школым и егъэджакIуэ нэхъыжьхэращ.
Интернетым ди гъащIэм и лъэныкъуэ куэд щиубыда лъэхъэнэм хэти ещIэ курыт школхэм щебгъэджэныр, сабийхэр тхылъым, еджэным дебгъэхьэхыныр гугъу зэрыхъуар. АтIэми, Оксанэ хузэфIокI и нэIэм щIэт ныбжьыщIэхэр иригъэдж дерсхэм дригъэхьэхын, тхылъыр фIыуэ яригъэлъагъун. ШколакIуэхэм яфIэхьэлэмэт а Интернетыр, компьтерыр къигъэсэбэпу, егъэджакIуэм и дерсхэр еухуэ, слайдхэр, презентацэхэр ещI, езы сабийхэри и дэIэпыкъуэгъуу.
- Дауи, мэ гуакIуэ къызыпих тхылъ напэ щхъыщхъхэр зыхъуэжыфын щыIэкъым. Тхылъым и хуабагъыр зыхэплъхьэн щымыIэщ, - и гупсысэхэм пещэ Оксанэ. – Апхуэдэу щытми, иджырей щIэблэр тхылъ къудейкIэ, псалъэ гъущэкIэ еджэным пхудегъэхьэхынукъым. Абдеж сэбэп мэхъу техникэ пэрытым и Iэмалхэр. Ар къэдгъэсэбэпу, дерсхэр нэхъ щIэщыгъуэ, хьэлэмэт, купщIафIэ дощI егъэджакIуэхэм. Псалъэм папщIэ, бзэхэр, лъэпкъ литературэхэр зыдогъапщэ, предмет зэмылIэужьыгъуэхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр нэхъ тыншу нэрылъагъу ящыдощIыф сабийхэм.
 Урысыбзэмрэ литературэмрэ къыщинэмыщIа, егъэджакIуэм и дерсхэм къыщегъэсэбэп тхыдэм, географием, адыгэ хабзэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэри. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэхэм ящыщщ сабийхэм я къэухьым, зэхэщIыкIым, гупсысэм зэрызаужьыр. Къурмэным зэрыжиIэмкIэ, IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр къызыхуэтыншэу екIуэкIынымкIэ лъэкI къигъанэркъым школым и унафэщI, Iуэху куэдым и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэ Шыбзыхъуэ Динэ. Жэрдэмышхуэ зыхэлъ унафэщIыр фIыуэ щыгъуазэщ дэтхэнэ егъэджакIуэми и Iуэху зехьэкIэм, хуей хъумэ, сэбэп хъунуи хьэзырщ.
 Зи къалэнхэр ныкъусаныгъэншэу зыгъэзащIэ Къурмэн Оксанэ, егъэджакIуэфIым, сабийхэм я гъэсакIуэ Iэзэм, ехъулIэныгъэщIэхэр гъащIэми лэжьыгъэ IэнатIэми щызыIэригъэхьэну ди гуапэщ. Адыгэ хабзэм тету игъэса ипхъу цIыкIухэу Алинэрэ (ар Краснодар къалэм медицинэм щыхуоджэ) Даринэ (абы конструктор-модельер IэщIагъэр зэрегъэгъуэт) я гуфIэгъуэ, насып куэди Тхьэм иригъэлъагъу.

ПЩЫХЬЭЩIЭ Хьэмзэт.
Поделиться: