Уи унэ зыщыгъаси хасэм кIуэ

 Кавказым щыщхэм ятеухуауэ хъыбар мыщхьэпэ къыщыIум деж, зи гугъу ящIыр уи мылъэпкъэгъуми, зыгуэркIэ къуаншэу зыкъыболъытэж.
 ЩIышылэм и I5-м хъыбар къэIуащ Мэзкуу щыIэу автобусым дэс шофёрри абы къришэкI цIыхухэри зыгъэпуда дагъыстэн щIалэм и хъыбар. Зыхуейм деж щрамыгъэкIа, илъэс 29-рэ ныбжьым ит Болатукаев Шухьэиб гублащхьэдэсми цIыхухэми ящыхьа къудейкъым, «аращ урысхэм фхуэфащэр» псалъэхэмкIэ къригъажьэри, автобусым исхэм яхуэмыфащэ куэд захригъэхащ.
 Болатукаевым ищIар игъэдэхакъым Дагъыстэн республикэм и унафэщI Меликов Сергеи. Абы щIалэр къыхуриджащ зэрыхъукIэ нэхъ псынщIэу «къысхуэвгъэгъу» псалъэр жиIэну. «Сэ сызэреплъымкIэ, - жиIащ Меликовым, - щIалэм «къысхуэвгъэгъу» щыжиIэн хуейр игъэпудахэм я пащхьэ къудейкъым, атIэ абы и фэ къызытеуэ дагъыстэнхэми зэхахыпхъэщ а псалъэр. Мы къэхъуам унагъуэри, школри, щIалэгъуалэр игъэсэну къызытехуэ дэтхэнэ зыри егупсысын хуейщ».
 Мыгувэу, щIышылэм и I7-м, утыку кърахьащ Болатукаев Шухьэиб «лъэпкъ гъэпудыныгъэ къызэрыжьэдэкIам и фIэщу зэрыхущIегъуэжыр» щынэрылъагъу видео кIэщIыр. КъызэрыщIэкIымкIэ, зэдауэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар шофёрым автобусыр къигъэувыIэн зэримыдарщ. «Сэри си лъэпкъымрэ си динымрэ ямыгъэпудамэ, апхуэдиз жысIэнутэкъым», - и пIэ къызэрырашар къыхигъэщащ Болатукаевым. ЩIалэр Калугэ къыщагъуэтри, хабзэм ирашэлIащ. Къалэм щыIэ КIэлъыплъакIуэ комитетым и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Ивановэ Юлие и еплъыкIэмкIэ, дагъыстэн щIалэ ныкъуэкъуэхым ищIамрэ жиIамрэ зэхэплъхьэжмэ, ар «зэбииныгъэ къэгъэхъеин, хэгъэзыхьыгъэ хэлъу цIыхум и пщIэр гъэпудын» щIэпхъаджагъэм йокIуалIэ.
 Iуэхум ирихьэлIэу дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ Хасавюрт дэт мэжджытхэм я зым Iимамым и къуэдзэу щылажьэ Сальгиреев Камилджэрий и лъэпкъэгъухэм захуигъазэу, «Сыт фIыуэ дыкъыщIамылъагъур?» гупсысэм къыхигъэщар:
 «ДэнэкIэ удаIуэми, дагъыстэнхэм зыгуэр зэхащIыхьауэ къыщIокI: къидыгъуат, ефыщIэуат, ягъэтIысат. ФIыуэ дыкъалъагъуркъым, дэ езым дощIэж ар. Мэзкуу щыIэ си ныбжьэгъухэм къызжаIэр фщIэрэ? «Усыт лъэпкъ? Дэнэ ущыщ?» - жаIэу, зыгуэр къеупщIмэ, шэшэнхэми дагъыстэнхэми «дыкъэбэрдей адыгэщ («кабардинец») жаIэн къаублащ. Сыт щхьэкIэ? Къэбэрдейхэм апхуэдэ гужьгъэжь хуаIэкъыми. Абыхэм хабзэ нэхъ яхэлъщ, нэхъ «культурнэщ». Тэтэрхэми хуаIэкъым апхуэдэ гужьгъэжь. Сыт абы и щхьэусыгъуэр жыпIэмэ, ди сабийхэр зэрыдмыгъасэрщ».
 Дауи, укъэбэрдейуэ Сальгиреевым жиIэхэр уи гуапэ мыхъункIэ Iэмал иIэкъым. ИтIани, дагъыстэнхэм я мызакъуэу, и унэ цIыху щIэзыгъэкI дэтхэнэ зыри егупсысыпхъэщ мы щIалэм жиIэм.

Чэрим Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: