НэгъуэщI еплъыкIэЦIыхухэр хуейщ я кIэрыхубжьэрыхухэр уэрамыхьэм къытрагъэувэмэ, «Экологистикэ»-м» ар асыхьэту Iуишу псэуну. Ауэ куэд егупсысу пIэрэ ди кIэрыхубжьэрыхухэр зэщIэзыкъуэ цIыхухэм я пщэм дэлъ къалэн хьэлъэхэмрэ ахэр абыхэм зэрагъэзащIэ щIыкIэмрэ? Лэжьыгъэм и нэхъыбэр IэпщэкIэщ, жьапщэ-уэлбанэ ямыIэу. Ар долъагъу, итIанэ сыт нэхъыбэм ящIэр? Унэм щIаха кIэрыхубжьэрыхухэр абы хухахауэ унэ джабэм щызэхэт контейнерхэм ирадзэн я щхьэ трамылъхьэу, абы гъунэгъуу бгъэдэмыхьэн папщIэ, мыдэкIэ щызэтракIутэ е пакетыр ядзри, «блоIэбыкI». Пэжщ, IуплъэгъуафIэкъым ар. КIэрыхубжьэрыхур Iуашакъым жытIэнурэ, дышхыдэнущ, «Экологистикэ»-м дыпсэлъэнущ, дытхьэусыхэнущ.
Поделиться:
Читать также:
20.04.2024 - 10:01 →
Ди лъахэгъухэр кърагъэблэгъэж
19.04.2024 - 16:42 →
ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 →
Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 →
Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 →
Щыуагъэм щахъумэу
|