ЗэфIэгъэкIыпхъэхэр яубзыху

УФ-м и Правительствэм и Унафэ­щIым и къуэдзэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэр зи нэIэ щIэт Новак Александррэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэIущIащ. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и социально-экономикэ щыты­кIэм тепсэ­лъыхьащ, республикэм щы­Iэ псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуа проект зыб­жани къыхагъэщхьэхукIащ. Новак Александр и гуапэу къыхигъэщащ 2021 гъэм щIыналъэм и зыужьыныгъэм хуэлажьэ лъэпкъ ­проектхэр ­республикэм нэсу гъэзэщIа зэрыщыхъуар. Тепсэлъыхьахэщ щIыналъэм туризмэм зыщегъэужьыным, спорт IуэхущIапIэщIэхэр ухуэным, нэ­гъуэщIхэми. 

Ди Iэтащхьэм Новак Александр щигъэгъуэзащ 2021 гъэм щIыналъэм щалэжьа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм. Къапщ­тэмэ, республикэм иIэ экономикэ зыу­жьыныгъэм арэзы укъещI. Нэхъы­бэу зыужьыныгъэ яIащ мэкъумэшым, псэу­пIэ, гъуэгу ухуэныгъэхэм, сату Iуэхум, пщIэ зыщIат Iуэхутхьэбзэхэм. Псом япэ иту республикэм щофIакIуэ туризмэр. 
Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ ще­лэжь IуэхущIапIэхэм я бжыгъэм къыхэхъуащ. Республикэм и налог хэхъуэр илъэс кIуам проценти 134,8-кIэ нэхъыбащ 2020 гъэм нэхърэ. Федеральнэ, щIыналъэ ахъшэу къыхэхъуащ сом мелард 56,9-рэ. 
- Республикэм и хэхъуэм Iэмал къы­дитащ лэжьакIуэ щхьэхуэхэм я улахуэр хэдгъэхъуэным сом мелуан 504-рэ, COVID-19-м пэщIэтыным сом мелуан 774-рэ хуэдутIыпщыну, худэчых зиIэ сымаджэхэм яIэрыдгъэхьэ хущхъуэхэр ­нэхъыбэ тщIыну, псэуныгъэм теухуа ­нэгъуэщI Iуэху щхьэпэхэри къызэдгъэпэщыну. Абы щыгъуэми кредит щIыхуэ зэтредгъэхьакъым, къэрал щIы­хуэми зыкъом хэдгъэщIащ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 
Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным хуэу­нэтIауэ 2021 гъэм щIыналъэм къы­Iэ­рыхьащ сом меларди 8-м щIигъу. Ар 2020 гъэм еплъытмэ, тIукIэ нэхъыбэщ. Проектхэм къыхуаутIыпща ахъшэр процент 96-кIэ къагъэсэбэпащ. Мы гъэм лъэпкъ проектхэр иригъэзэщIэну республикэр хуеинущ сом мелард 12. Лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ ягъэзащIэу ухуэныгъи 100-м щIигъум щелэжьынущ республикэм. 
Мы гъэм ягъэзэщIэн хуейуэ Iуэху гъэбелджылахэр щыIэщ. Абыхэм ящыщщ онкодиспансер, творческэ щIалэгъуа­лэм я унэ, школипщI, Налшык къалэ ­поликлиникэ, Бахъсэн псы бжьамий ухуэныр, къуажэ школ 32-рэ зыхуей ­хуэгъэзэныр, Азау губгъуэм щыщIэдзауэ Эльбрус къуажэ цIыкIум нэс псы кIэнауэр зыхуей хуэгъэзэныр, республикэм и къалащхьэм мылылъэ къэ­жы­хьыпIэ къыщызэIухыныр. Экономикэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэу щытынущ Тырныауз вольфрам къыщIэхыпIэр къэгъэлэжьэжыныр, «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм зегъэужьыныр, Шэджэм теплицэшхуэ дэщIыхьыныр, - жиIащ КIуэкIуэм. 
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ респуб­ликэм и къуажэ щхьэхуэхэм псыр ири­къуу ялъэгъэIэсыным, «Налшык» зыгъэпсэхупIэм зегъэужьыным, IT-парк къызэгъэпэщыным, щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм папщIэ IуэхущIапIэ республикэм щыщIыным. КъытеувыIахэщ узыфэ зэрыцIалэм епха гугъуехьхэми. 
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: