ЩIыналъэ унафэщIыр «Россия-24»-м и журналистым йопсалъэКъБР-м и Iэтащхьэр «Россия-24» телеканалым и журналистым епсэлъащ щIыналъэм щекIуэкI эпидемиологие щытыкIэр зыхуэдэм щыгъуазэ ищIу. Госпиталхэм я лэжьыгъэм теухуа упщIэм и жэуапу республикэм и Iэтащхьэм жиIащ: «IэщIагъэлIхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым коронавирус узыфэ зэрыцIалэмкIэ щытыкIэр зы пIэм итщ. Зы жэщ-махуэм къриубыдэу узыр пкърыту цIыху 80-м нэблагъэ къахутэ. Госпиталхэм сымаджэ 543-рэ щIэлъщ, псори зэхэту абыхэм гъуэлъыпIэ 710-рэ щIэтщ. Iэмалыншэ хъумэ, а бжыгъэр 1600-м тхунэгъэсынущ. ЩытыкIэм дыкIэлъыплъу, ар сытым дежи ди Iэнэм щIэту йокIуэкI. Иужьрей тхьэмахуэм госпиталхэм щIэхуэхэр нэхъ мащIэ хъуащ, къапщтэмэ, блэкIа жэщ-махуэм абы щIэлъхэм я бжыгъэм цIыхуи 10 хэщIащ. Апхуэдэу щытми, узыфэм и штамм лIэужьыгъуэщIэм зэрызиубгъум къытхуегъэув абы и гуащIэгъуэу зыщиубгъум дыхуэхьэзыру дыщытыну икIи абы и Iуэху зыдохуэ».
Поделиться:
Читать также:
23.05.2022 - 16:30 →
Лиссабон зи хэщIапIэхэр
22.05.2022 - 12:21 →
БжыгъэкIэ куэд мыхъуми
22.05.2022 - 12:00 →
Иужьрей лIыхъужь
22.05.2022 - 11:22 →
Адрейхэм къахэзыгъэщ нагъыщэ
22.05.2022 - 10:35 →
ХьэкIувхэр псэ быдэт
|