Мылыр быдэкъымУрысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм щыплъыращ Налшык и «Трек» гуэлым. Ар тещIыхьащ цIыхухэм я шынагъуэнгшагъэр къызэгъэпэщыным. Гуэлым псыр ижыпакъым, щтыуэ щIидзащ, щIыпIэ-щIыпIэхэм мылым и Iувагъыр см. 1,5-рэ хъууэ аращи, утехьэнкIэ Iэмл иIэкъым. Абы къыхэкIыу щIыпIэм щагъэуващ цIыхухэр мылым техьэну хуит зэрамыщIыр зытетха пхъэбгъ. КъинэмыщIауэ, паркым къыщызыкIухьхэм епсэлъащ шынагъуэ къыздикIынкIэ хъунум теухуауэ, ахэм теухуа тхыгъэ кIэщIи иратащ..
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
|