ЩIапхъэхэм тепсэлъыхьащ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Джатэ Руслъан къуажэ унафэщIхэм зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрыунэхурэ илъэси 100 зэрырикъур зэрагъэлъэпIэнум, газ зимыIэ унагъуэхэм зэрыхущIашэнум, цIыхухэм вакцинэ зыхрагъэлъэным къызэрыхураджэнум.
- Мы гъэм ди республикэм и илъэси 100-р дгъэлъэпIэнущ. Абы теухуауэ ди Iэтащхьэм къалэн щхьэхуэхэр къытхуигъэуващ икIи дыкъыхуриджащ жэуаплыныгъэ хэлъу абыхэм яужь дихьэну. Махуэшхуэм хуэдгъэхьэзыр Iуэхугъуэхэр ди цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, я гукъыдэжыр къэIэтыным теухуащ. Сыхуейщ ди щIыналъэм и цIыхухэм гуапагъэ зыхедгъэщIэну, - жиIащ Джатэм, къуажэ администрацэхэм я унафэщIхэм къыхалъхьэну жэрдэмхэм зэрапэплъэри къыхигъэщащ. 
ЩIыналъэм и цIыхухэр псори газкIэ къызэгъэпэщыным щытепсэлъыхьым, зэIущIэм хэтхэм пщэрылъ ящищIащ зи унэм газ щIэшэн хуейхэм абы теухуа дэфтэрхэр зэхуахьэсынымкIэ ядэIэпыкъуну. 
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ омикрон уз зэрыцIалэр республикэми къызэрысам. Джатэ Руслъан жиIащ цIыхухэм вакцинэ зыхрагъэIуным тезыгъэгушхуэ лэжьыгъэр щIэгъэхуэбжьэн зэрыхуейр. 

 

 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: