ЦIыху кIуапIэ зэрыхъуным хуагъэпсКъэбэрдей-Балъкъэрым и псы хущхъуэхэм нэхърэ нэхъ сэбэпрэ къабзэрэ къэгъуэтыгъуейщ. Апхуэдэщ «Аушыджэр и псыхуабэхэр», «Нарзанхэм я къыщIэжыпIэ» щIыпIэр. ЦIыхум я узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэу Джылы-Су къэлъытэнымкIэ унафэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм къищтащ. Абы ипкъ иту, щIыпIэр сыт и лъэныкъуэкIи яхъумэнущ: щIыуэпсым (псы къыщIэжыпIэхэм, хьэуам, щIым) зэран хуэхъу лэжьыгъэ щрагъэкIуэкIынукъым, Iэгъуэблагъэм щаухуэ хъунукъым Iэщ фермэхэр, псэупIэ унэхэр, кхъэхэр. Апхуэдэу хъупIэуи къагъэсэбэп хъунукъым.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 16:43 →
Iэщ щхьэ бжыгъэм хэхъуэн папщIэ
07.05.2024 - 13:28 →
ГъащIэм цIыхур егъэунэху
07.05.2024 - 10:18 →
Адыгэхэр дэни щылэжьакIуэшхуэщ
06.05.2024 - 17:00 →
ПэIущIэм нэсахэщ
06.05.2024 - 16:55 →
Пшадэрэ Пщыщэрэ
|