Псыр пэрыхьэту яIэн хуэдэу

КIуэкIуэ Казбек видеозэ­пы­щIэныгъэ ­Iэмалхэм тету хэтащ ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ правительствэ комиссэм и Президиумым и зэIущIэу Урысей ­Федерацэм и Правитель­ствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хус­нуллин Марат иригъэ­кIуэ­кIам. Абы щытепсэлъыхьащ «Псэу­пIэмрэ къалэ щIыналъэ­хэмрэ» лъэпкъ проектымрэ инф­раструктурэ проектхэмрэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­пуб­ликэм 2021 гъэм къриубыдэу псэупIэ метр зэбгъузэнатIэу мин 514-рэ итащ, ар 2020 гъэм еплъытмэ, проценти 102,8-рэ ­мэхъу. КIуэкIуэ Казбек жиIащ псэупIэ нэхъыбэ ухуэнымкIэ инфраструктурэ проектхэр гъэзэ­щIэныр хуабжьу сэбэп зэрыхъур. 
2022 - 2024 гъэхэм Налшык ­къалэ апхуэдэ проект зыбжанэ щагъэзэщIэну я мурадщ. Абы федеральнэ, щIыналъэ мылъкум къыхэкIыу сом зы мелар­-дым щIигъу хухахыну яубзыхуащ. Къалэм и Искож хьэблэм щIым щIэлъ бжьамийхэр щызэрагъэ­пэщыжынущ, псыр зэпымыууэ къижын папщIэ. «Восточный», «Эркин Езен» псэупIэ унэ зэхэтхэм, Белая Речка къуажэм, «Мыщхъыдж» коттедж жылэм, Хьэсэней адэкIэ щыт псэупIэ унэхэм, «Дубки07», «Сосрыкъуэ» дачэ унэ зэхэтхэм псы зэре­кIуалIэ ухуэныгъэхэр а пIалъэм къриу­быдэу ящIыну я мурадщ. 
«Псы къабзэ» лъэпкъ проектымкIэ Кыщпэк, Гундэлэн, Къэ­рэгъэш, Красносельское, Про­летарское, Аруан, ЛашкIутIэ, ­Бахъ­сэнёнкэ, Лашынкъей, Хъущ­тэ-Сырт, Белокаменкэ, Къулъ­къужын Ипщэ, Джэрпэджэж ­къуажэхэр, Александровскэ станицэр псыкIэ къызэрызэрагъэ­пэщ ухуэныгъэ 17-р щызэфIагъэкIащ. 
Дызэрыт илъэсым Бахъсэн ­щаухуэнущ километр 77-рэ зи кIыхьагъ псы бжьамий зэхэт, абы сом меларди 2 хухахащ. А ­проектым текIуэдэну бюджет кредитыр Урысейм и Правитель­ствэм и унафэкIэ 2021 гъэм и ­жэпуэгъуэм къыIэрыхьащ Бахъ­сэн щIыналъэм. Ар зэфIэкIмэ, Бахъсэн къалэ округым, Бахъ­сэн районым и Зеикъуэ, ХьэтIохъущыкъуей, Ислъэмей, Бахъсэ­нёнкэ, ПсыкIэху къуажэхэм   зэ­пымыууэ псы екIуэлIэнущ, цIыху мин 98-р щыгуфIыкIынущ. А лэ­жьыгъэр мы гъатхэм щIа­дзэу 2023 гъэм яухыну я мурадщ. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: