ЩытыкIэр зэпIэзэрытщ

КIуэкIуэ Казбек иригъэ­кIуэкIа «щIыналъэ сы­хьэ­тым» щытеп­сэлъыхьащ рес­публикэм и эпидемиологие щытыкIэм, лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. Абыхэм ятеу­хуа я еп­лъыкIэхэр зэIущIэм къыща­Iуэтащ КъБР-м и Пра­витель­ствэм и УнафэщI Му­суков Алий, абы и япэ къуэдзэ ­Къуныжь МуIэед, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рус­там сымэ.

«Дызэрыгугъауэ, къэп­щы­такIуэхэм жаIахэмрэ нэ­хъапэкIэ узыфэм зэрызиуб­гъуам теухуауэ диIэ еплъы­кIэхэм тещIыхьауэ, мы зэма­ным коронавирус узыфэ зэ­рыцIалэр зыпкърытхэм я бжы­гъэр мин ныкъуэм нэб­лагъэу аращ, абыхэм я нэхъыбэм амбулаторэ кIэлъып­лъы­ныгъэм щIэту загъэхъуж. Мазаем и 6-м щегъэжьауэ сымаджэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэшхуэ щыIэкъым, апхуэдэу щытми, щытыкIэр иджыри ­гугъущ. Дэ апхуэдэ Iуэхум дыхуэхьэзырт. Узыр къызэрахутэ тест-системэхэр, хущхъуэхэр нэхъ пасэу къэтщэхуащ, сымаджэхэр зыхуэныкъуэ чэнджэщ­хэр щрат «122» контакт-центр ин къызэIутхащ. Курыт школхэм щеджэхэр загъэпсэхуну зэрыдутIыпщам и фIыгъэкIэ узыфэм зэрызиубгъур нэхъ ­кIащхъэ хъуащ. Тест-къэпщы­тэныгъэхэр цIыху нэхъыбэм я деж щедгъэкIуэкIыу щIэддзащ, хущхъуэхэр зэпэубыдауэ щытами, махуэ куэдкIэ щызэ­пыу къэмыхъуу сымаджэхэр зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэдгъэ­пэщыфащ. Къищынэ­мы­щIауэ, контакт-центрым и лэжьа­кIуэ­хэр нэхъыбэ тщIащ. Узыфэ зэрыцIалэм щеIэзэ госпиталхэм щылажьэхэм я улахуэхэм яхущIыдгъуащ. ЩытыкIэм дыполъэщ», - жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэ­тащхьэм.
Мы зэманым ОРВИ, коронавирус узыфэ зэрыцIалэр япкъ­рыту амбулаторэ кIэлъып­лъы­ныгъэм щIэтщ цIыху 13 659-рэ. КъБР-м узыншагъэр хъу­мэ­ным­кIэ и министрым къы­­зэ­рыхигъэщамкIэ, мазае мазэм апхуэдэ сымаджэу мин 20-м щIигъу хущхъуэкIэ къызэрагъэпэщащ. Зы жэщ-махуэм ­къриубыдэу «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэр» сымаджэ миным нэблагъэм ираджэ.
Махуэ къэс тест къэпщытэ­ныгъэу мини 4 ирагъэкIуэкI, абыхэм ящыщу 500-м нэблагъэм коронавирус узыфэ зэ­рыцIалэр япкърыту къахутэ. Госпиталхэм гъуэлъыпIэ 1285-рэ щIэтщ, сымаджэу 1031-рэ щIэлъщ. КислородкIэ ягъэ­бауэхэр 417-рэ мэхъу. Зы жэщ-махуэм къриубыдэу госпиталхэм щIагъэгъуалъхьэ сымаджи 110-м нэблагъэ, апхуэдиз дыдэ хъужауэ щIатхыкIыж. Реани­мацэхэм щIэлъщ цIыху 95-рэ, абыхэм ящыщу 11-р ИВЛ аппаратым пыщIащ.
Къалэбатэ Рустам тепсэ­лъыхьащ коронавирусым зэ­ры­пэщIэт вакцинэр зыхезы­гъэлъ­хьахэм узыр зэрырахьэкIым. Мы зэманым госпиталхэм щIэлъ сымаджэхэм ящыщу мастэр зыхаIуар цIыхуи 160-рщ. Узыр хьэлъэу езыхьэкI сымаджэхэр 27-рэ мэхъу. Вакцинэр зыхалъхьауэ сымаджэ­хэм ящы­щу 20-м ар зэрырахьэлIэрэ мазихым щIигъу дэ­кIащ. Зэ­рызыхрагъэIурэ куэд мыщIахэм узыр нэхъ тыншу ящхьэ­щокI. Дзэлыкъуэ, Iуащ­хьэ­махуэ, Прохладнэ районхэм, ­Прох­ладнэ къалэм вакцинэр цIыху­хэм халъхьэныр нэхъ къызэгъэпэщауэ щокIуэкI.
Республикэм и Iэтащхьэм ­хэкъузауэ къыхигъэщащ цIыху­хэм вакцинэр зыхрагъэлъ­хьэным къыхуеджэным мыхьэ­нэшхуэ зэриIэр. «Бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ а мастэр сэбэп зэрыхъур. ЩIыналъэ унафэщI­хэр жыджэру а Iуэхум иужь итын хуейщ. Пандемием дызэ­рыпэщIэтыфынур вакцинэращ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Апхуэдэу «щIыналъэ сыхьэ­тым» щытепсэлъыхьащ республикэм лъэпкъ проектхэр зэрыщагъэзащIэм, абы хы­хьэ­уи кхъахэ хъуа унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэкIыным теухуауэ ира­гъэкIуэкI Iуэхухэм. Мусуков Алий и гугъу ищIащ 2022 гъэм лъэпкъ проектхэм хыхьэу «Дэтхэнэ зы сабийми и ехъулIэныгъэ», «Щэнхабзэ», «ЗэфIэкI зыб­гъэдэлъ цIыхухэр», «Къалэ зэIузэпэщ» щIыналъэ проектхэр зэрагъэзэщIэнум. Абыхэм псоми мылъку хухахащ икIи ахэр щагъэзэщIэну щIыналъэхэм яIэрыхьащ. Гъатхэпэм и 1 пщIондэ абы и лъэныкъуэкIэ ирагъэкIуэкIыну зэпеуэхэр зэ­фIэкIауэ щытын хуейщ.
Республикэм и Iэтащхьэм щIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэм пщэрылъ ящи­щIащ щIыналъэхэм лъэпкъ проектхэр зэрыщагъэзащIэм щIэгъэхуэбжьауэ кIэлъып­лъы­ну икIи лэжьыгъэм и фIагъыр ткIийуэ къапщытэну, хуей хъу­мэ, жылагъуэ кIэлъып­лъа­кIуэ­хэр Iуэхум къыхашэнуи къы­хуриджащ. «Хабзэм къы­зэри­гъэу­вым дытетыпхъэщ. Лэжьыгъэр зыщIэхэм къагу­рыгъэIуэн хуейщ хьэрэмы­гъэншэу я къалэныр зэрагъэ­зэщIапхъэр, пIалъэ ягъэувар къызэпауд зэры­мыхъунур. Вжы­зоIэ: зэгу­ры­Iуэныгъэм къы­щыгъэлъэгъуар фIагъ иIэу икIи и чэзум зы­мыгъэзащIэр жэуапым ешэлIа ­хъунымкIэ схузэфIэкI къэзгъэнэнукъым, хабзэхъумэ Iэ­натIэ псоми захуэзгъэзэнущ. Дэ дыщIэла­жьэр ди цIыхухэращ. Зыгуэр фпэдубыдынуи ­хуитыныгъэ диIэщ: фи фейдэ къыхэвгъэкIын папщIэ цIыху­хэм я ­гъащIэм фи зэран ев­мыгъэкI. Iуэхум и ужь фихьэрэ, и кIэм фхунэмыгъэсу проектыр зэ­хэвгъэзэрыхь нэхърэ лэ­жьыгъэр щIэвмыдзэххэмэ нэхъыфIщ. Ар сэ си еплъыкIэщ!» - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Республикэм и Iэтащхьэм ­район унафэщIхэр къыхуриджащ, дунейм и щытыкIэр къалъытэу, гъатхэпэ мазэми емы­жьэу, я щIыналъэхэр зэщIэ­къуэн, гъэкъэбзэн лэжьыгъэм щIадзэну. 

 

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: