ЦIыхухэр къыщIагъэIэпхъукI

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэ зыужьы­ныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зэ­Iу­щIэм. Ар иригъэкIуэкIащ Урысейм и Правительствэм и вице-премьер Хуснуллин Марат.

Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ «ПсэупIэ­хэм­рэ къалэ гъащIэмрэ» лъэпкъ проектыр гъэзэ­щIа зэрыхъум, жьы дыдэ хъуа, ущыпсэуну дзыхьщIыгъуэджэ унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIыным хуэунэтIа программэм. Хуснуллин Марат зэрыжиIамкIэ, иджыпстукIэ а программэр ягъэзащIэ абы щыубзыхуа пIалъэхэм ефIэкIыу. 2021 гъэм и фокIадэм УФ-м и Президент Путин Владимир цIыхухэр ущып­сэуну шынагъуэ хъуа унэхэм нэхъ псынщIэу къыщIэгъэIэпхъукIын зэрыхуейм теухуа унафэ къищтауэ щытащ. Хуснуллиным къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ зыхуагъэувыжа къалэнхэр нэхъ нэгъэсауэ гъэзэщIа хъун папщIэ, Пра­вительствэм хабзэщIэхэр зэригъэхьэзы­рар.
Къэбэрдей-Балъкъэрым 2022 гъэм къриу­быдэу псэупIэу метр зэбгъузэнатIэ мин 512-рэ щатыну я мурадщ. Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр (унейуэ ящI унэхэри хэту) ирагъэфIэкIуэн папщIэ, республикэм адэкIи щыпащэнущ 2022 - 2024 гъэхэм ятещIыхьа къэрал программэхэу инфраструктурэм зегъэужьыным ехьэ­лIахэр гъэзэщIэным. Абыхэм япкъ иткIэ Налшык дэт псэупIэ унэхэм гъуэгухэмрэ псырэ газрэ зэрыкIуэ бжьамийхэмрэ щау­къуэдиинущ, унэщIэхэм къедза щIыпIэхэр зыхуей хуагъэзэнущ.
ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхухэм я гугъу щищIым, КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ 2017 гъэм щIышылэм и 1-м къащтауэ щыта, ущып­сэуну шынагъуэ хъуа унэхэм цIыхухэр къыщIагъэIэпхъукIын и лъэныкъуэкIэ 2019 - 2023 гъэхэм зыхуагъэувыж къалэнхэр зытраухуа пIалъэм ипэ иту зэрагъэзэщIар, гъэм и япэ кварталым ар и кIэм зэрынагъэсынур.
«Мы программэм делэжьын щыщIэддзэм, ущыпсэуну шынагъуэ, фэтэр куэду зэхэт унэ 62-м цIыху 1034-рэ илъэсиплIым и кIуэцIкIэ къыщIэдгъэIэпхъукIыну къалэн зыщытщIыжат, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. – А псоми къызэщIаубыдэрт метр зэбгъузэнатIэ 17000. Дызэрыт зэманым цIыху 547-рэ унэщIэхэм дгъэIэпхъуакIэщ, къэнар метр зэбгъузэнатIэ мини 7,6-м щыпсэу цIыху 487-рэ къыщIэдгъэIэпхъукIыжынырщ. Мы программэм хиу­быдэ, фэтэр куэду зэхэт унэ псори ттакIэщ, иджы псэупIэхэр цIыхухэм хабзэкIэ ей зыщI дэфтэрхэм долэжь. А Iуэхум къыдэкIуэу дэ дыхэтщ 2017 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 20-м ирихьэлIэу ущыпсэуну шынагъуэу къалъыта унэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэнымкIэ ПсэупIэ-коммуналънэ хозяйствэм и фондым къызэригъэпэщ программэщIэми. Ди мурадщ метр зэбгъузэнатIэ 15000 хъу, фэтэр куэду зэхэт унэ 19-м щыпсэу цIыху 1861-рэ дгъэIэпхъуэну. Зи гугъу тщIы программэри и пIалъэр къэмысу зэрыдгъэзэщIэнум иужь дитынущ».

КЪУДЕЙ Iэминэ.
Поделиться: