Нысэ къызэрыхахыр

ЛIым и къуэ нэхъыщIэм ­къригъэшэну мурад ищIащ. Зэманыр бжьыхьэт. И щхьэгъусэми емыупщIу езым Iуэ­хур зэфIигъэкIмэ, нэхъ къищ­тащ абы. Хъарбыз бэгъуа ­къехъулIати, выгум тажджэ иригъэувэщ, хъарбызыр из ищIри, я гъунэгъу къуажэм кIуащ:
- Хъарбыз пхъэнкIийкIэ со­хъуэж, жылэ махуэ ­хъун, хъар­быз пхъэнкIийкIэ со­хъуэж, - жиIэурэ кIийуэ.
ЛIыжь «делэм» къуажэм хъы­джэбзу дэсым пхъэн-кIийр уэсу къыхурагъэсащ.
Хэт матэкIэ къехь, хэт пэгункIэ, хэти хьэнцэм тезу ­къы­хуегъэс. Ауэрэ зы хъы­джэбз и IэмыщIэм пхъэнкIий тIэкIунитIэ фIэкIа имылъу къы­хуэкIуащ лIыжьым:
- КхъыIэ, мыбы пэкIуэ зы ­хъарбыз цIыкIу къы-зэт. ПхъэнкIийкIэ хъарбыз ­яхъуэ­жыну си мыгугъэу ­жьы­уэ ­псори зэщIэспхъан-кIэри  пхъэн­кIийри  издзыжат, мы тIэкIур гуэщ плIанэпэм ­къыкъуэспхъэнкIыкIыжауэ аращ, - жиIэри.
ЛIыр зыхуейр арати, и выгур хъыджэбзым я пщIантIэм дигъэхьэри, абы щиунэщIащ.  Куэд   димыгъэ­кIыуи хъыджэбзым и адэ-анэм я деж лъыхъухэр игъэ­­кIуащ, «дывгъэблагъэ­тэмэ» жиIэри.

МАФIЭДЗ Сэрэбий.
Поделиться:

Читать также:

17.05.2024 - 07:16 Нобэ
16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ