Ныджэкъуэ-Наджиго

Мы цIэр зезыхьэ къуажэ цIыкIур хы ФIыцIэ Iуфэм Iус ПсыфIыпэ (Лазаревск) посёлкэм къухьэпIэ-ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ километр 25-кIэ пэжыжьэщ. Абы хъуапсэгъуэу зыдигъэзэгъащ зэгъэщIылIа Мэкъупс (Макопсе) и тIуащIэм.
БзэщIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, къуажэм зэреджэр псалъитIу зэхэухуэнащ: «ныджэ» - рэ «къуэ» - уэ.
Мы щIыпIэм икIыу псыхъуащхьэхэмкIэ дэзыгъэзей гъуэгуитIым я зым Мэкъупс и къуэладжэ зэвым удешэ, адрейм шытх мылъагэм адэкIэ къыщыс Псыущхъуэ жылэм ухуешэ.
Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, тIуащIэм ижькIэрэ щыпсэуа шапсыгъхэм я нэхъыбапIэм Урыс-Кавказ зауэжьым иужькIэ Хэкур ябгынэн хуей хъуащ. Къэнахэр бгым щхьэдагъэхри Хуарз псым и Iуфэм а лъэхъэнэм иджыри Iуса Хьэджымыкъуэ абэзэхэ къуажэм дагъэтIысхьат, арщхьэкIэ а жылэри, здэщыс щIыпIэм имыкIыу мыхъуу, зэхэзехуэн щащIым, Ныджэкъуэ иIэпхъукIахэр къыдэкIыжри къыщыхъуа я хапIэжьымкIэ къагъэзэжащ икIи зи гугъу тщIы къуажэр къагъэунэхужащ. Абыхэм къатехъукIыжащ мы щIыпIэм щыпсэухэм я нэхъыбэр.
Мэкъупс-Макопсе
Километр I2 зи кIыхьагъ псым и къыщIэдзапIэр Псыущхъуэ бгым ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и джабэ нэкIухэрщ.
Гу зылъытапхъэр аращи, псыр хы ФIыцIэм щыхэлъэдэжым пэмыжыжьэу щыс къуажэми а цIэр зэрехьэ.
Зэрынэрылъагъущи, щIыпIэцIэр IыхьитIу зэхэтщ: «мэкъурэ», псыуэ». КъикIри гурыIуэгъуэщ.   
 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ
13.05.2024 - 11:06 НОБЭ