Комисcэм и зэIущIэУрысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и цIыхубз колоние №4-м щекIуэкIащ административнэ комиссэм и зэIущIэ. Абы щыхэплъащ суд зытращIыхьахэр и пIалъэр къэмысу яутIыпщыжыным, ямыпшына тезырыр нэхъ щабэкIэ зэрахъуэкIыным. Комиссэм и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и жылагъуэ-кIэлъыплъакIуэ комиссэм и лIыкIуэ Бырмамыт Iэуес, Муслъымэнхэм я дин IуэхущапIэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Амщокъуэ Анджелэ, КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэмкIэ и уполномоченнэм и аппаратым и чэнджэщэгъу Ирыгу Мухьэрбэч, нэгъуэщIхэри.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|